Page 41 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 41

Т ХЬ Э КӀ У М Э КӀ Ы ХЬ Ы ГЪ УЭ М У И ПЩХЬ Э М Э

             хуэдэу, къызыщигъэхъужт. «Иджыпсту тӏу сыхъуу пхужыӏэн -
             къым!» егупсысащ Алисэ. «Си закъуэу си щхьэм сезэгъы -
             жащэрэт.»
               Апхуэдэу егупсысурэ, еплъыхамэ, ӏэнэ щӏагъым зы абдж
             пхъуантэ ӏэхулъэху цӏыкӏу кӏэщӏэтщ. Къызэтрихамэ—хьэлывэ
             дэлъщ. Хьэлывэм жызум гъэгъуакӏэ дахэщэу тедзащ: «СЫШХ!»,
             жэуэ. «Атӏэ хуитщ,» жиӏащ Алисэ, «усшхынщ! Ин сыхъумэ, дыщэ
             ӏункӏыбзэӏухыр къэсщтэнщ, нэхъри нэхъ цӏыкӏу сыхъумэ—бжэм
             сыкӏэщӏэпщынщ. Хъуныр—хъуащ, ауэ даурэ мыхъуами, жыг
             хадэ дэхащэм сыкъыщыхутэн хуейщ.»
               Алисэ едзакъэри хьэлывэм, къэгузавэри жиӏащ –
             «Сыхэхъуэрэ хьэмэ сыхэщӏрэ? Сыхэхъуэрэ хъэмэ сыхэщӏрэ?»
             Ар здыжиӏэм и  ӏэ лъэныкъуэр и щхьэщыгум трилъхьащ,
             къыщыщӏыр игъэбелджылыну, ауэ ини цӏыкӏуи хъуакъым.
             Аргуэру зэ-тӏо едзакъэри, зыри къыщымыщӏауэ щилъагъум,
             игъэщӏэгъуащ. Мо телъыджэхэр къызэуалӏэу еса Алисэ, адрей
             къызэрыгуэкӏ хьэлывэшххэм ещхь щыхъужым, тӏэкӏуи игу
             къеуащ, ауэ зэрыхьэлывэу ирихуэкӏыу ишхащ.

                                *                *                *                *
                                         *                *                *
                                *                *                *                *























                                                                      15
   36   37   38   39   40   41   42   43   44   45   46