Page 37 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 37

Т ХЬЭКӀУМЭКӀЫХЬЫГЪУЭМ У ИПЩХЬЭМЭ

             Динэрэ езымрэ я ӏэпэ зэрыӏыгъыу къыздакӏухьым, пщащэр
             йоупщӏ джэдум: «Динэ, зыкъэӏуэтэж, гъудэ пшхырэ?» Ауэ Джэдум
             жэуап къритыжын хущӏэмыхьэу, «Уаргу!» жэӏэ, ӏэмбатэу зэтелъ
             тхьэмпэ къыпыщэщахэм яхэхуащ.
               Абыкӏэ иухащ пщащэм лъэтэн. Зыри зэримыгъэузар Алисэ
             къыщыгурыӏуэм, къыщылъэтыжри зиплъыхьащ. Псом япэ дэп -
             лъеящ—кӏыфӏ хъуакӏэт. Ипэкӏэ плъамэ—бгъуэнщӏагъ ири кӏуэм
             Тхьэкӏумэкӏыхь Хужь еужьэрэкӏыр жыжьэу къилъэ гъуащ. Алисэ
             зричри кӏэщӏу Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьым иужь иуващ, мискъэ
             иджыпсту лъэщӏыхьэнукъэ, щыжыпӏэм, Тхьэкӏу мэкӏыхь Хужьым,
             къуагъым къыздигъазэм къыжьэ дэхуащ: «Ахь, си пащӏэ, си
             тхьэкӏумэ цӏыкӏу мыгъуэхэ! (абыи и тхьэкӏумэхэр фӏэцӏыкӏут).
             Сыкъыкӏэрохури, слӏо сщӏэжыныр?» Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьыр
             къуагъым къуэлъадэри бзэхыжащ.
               Абы и лъэужьыр зыху Алисэ щӏыпӏэ гъуэщӏэгъуэн гуэрым
             къыщыхутащ: бгъэнщӏагъ пэшыр хуэлъагэу кӏыхьт, пэшыщхьэр
             пэнэфу къагъэунэхут нурыдз пылъхэм, лъэныкъуитӏымкӏи бжэхэр
             ирекӏуэкӏт. Ауэ псори зэхуэщӏауэ къыщӏэкӏащ—Пэшым и
             хъуреягъыр Алисэ тӏо къикӏухьащ, бжэхэр гъэбыдат.
               Зэрыхуа щытыкӏэм къызэрикӏыжын ӏэмалхэм Алисэ егупсы -
             сурэ, утыкур къыздэзэхикӏухьым, абджым къыхэщӏыкӏа зы ӏэнэ
             лъакъуищ цӏыкӏу гурым ӏууащ. Ӏэнэм жьгъей дыдэу дыщэ ӏункӏыб -
             зэӏух телът. Пщащэр къэзэрымыкӏуэу къэгуфӏэри, дыщэ ӏункӏыб -
             зэӏухыр бжэуэ хъуам иригъэпщащ. Ӏункӏыбзэхэр иныщэт, е
             ӏункӏыбзэӏухыр цӏыкӏущэт?—Зыми хуэхъуакъым. Ауэрэ, имы -
             щӏэххэу, лъэгу дыдэм къилъэгъуащ ӏупхъуэ. ӏупхъуэр ӏуигъэ -
             кӏуэтамэ—бжэ цӏыкӏунитӏэ къыкъуэщащ. Дыщэ ӏункӏыбзэ ӏухыр
             щыриӏуэм—О-о-о, хуфӏыркъабзэщ!
               Алисэ бжэр къыӏуихщ, ӏэмблъэмбу тӏысщ, иплъэри—
             къэуӏэбжьащ: зи дахагъэр пхужымыӏэжын жыг хадэ гъэщӏэ -
             гъуэныщэм хуэкӏуэт гъуэр. Фегупсыст а дакъикъэм Алисэ и гум
             щыхъам—пщащэм теплъэгъуей бгъэнщӏагъыр ибгынэу, жыг хадэ
             гъэщӏэгъуэныщэм хуиту хьэуа къабзэ ишэн хуей хуэдэу къэ -
             хъуащ. Ауэ ипщхьэпӏэ ӏузэм, псори щыгъэтыжауэ, Алисэ и щхьэ

                                                                      11
   32   33   34   35   36   37   38   39   40   41   42