Page 33 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 33

I E ДЗЫГЪУЭ



              Тхьэкӏумэкӏыхьыгъуэм


                             Уипщхьэмэ





                      лисэ и щыпхъум игъусэу, езэшу псы ӏуфым уст. Ищӏэн
             Аиӏэтэкъым, ауэ ӏуэхуншэуи ущысыну, къызэрывгу -
             рыӏуэщи, псынщӏэкъым. Пэжу, зэ, тӏо и шыпхъур зэджэ тхылъым
             нэбгъузкӏэ иплъащ. Слӏо къилъэгъуар? Зыри. Зы сурэти, зы усэ
             цӏыкӏуи иттэкъым. «Апхуэдэ сурэтыншэ тхылъ хэт хуэныкъуэр?
             Къызгурыӏуэкъым,» егупсысащ Алисэ.
               Зыщӏэн зымыщӏэж пщащэ цӏыкӏур мэгупсысэ (пэжу жыпӏэмэ
             гупсысэнри къехьэлъэкӏт абы, апхудизу дыгъэ пэзэзым зэп -
             кърихати): «Къанзидзэ блэр сыухуэнынт, ауэ ахэри зэхуэп хьэ -
             сын хуейкъэ!» Мис а напӏэзыпӏэм къыздикӏари умыщӏэу зыщӏыпӏэ
             къыкъуэцӏэфтащ зы тхьэкӏумэкӏыхь хужь нэ плъыгъуафэ!
               Зыри абы  гъэщӏэгъуэну хэлъкъым; Алиси ар  гъэщӏэгъуэ ны -
             шхуэу къыщыхъуакъым, Тхькӏумэкӏыхь Хужьыр къэпсэлъа
             пэтрэ («Ай, мыгъуэ, сыкъыкӏэрохури!» жиӏащ). Зэман текӏауэ
             щегупсысыжым, зэригъэщӏэгъуэн хуеяр къыгурыӏуэжат, ауэ слӏо
             пщӏэнур, а дэкъикъэ блэкӏам псори тэмэму, зэрыщытын хуейм
             хуэдэу щыту къыфӏэщӏт. Ауэ Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьым ӏэщхьэншэ

                                                                       7
   28   29   30   31   32   33   34   35   36   37   38