Page 31 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 31

Хэшэ

                        Дыгъэ дыщэр дзэкъэу къопсыр,
                        Хуэму псым досых.
                        Псыщыкӏухьэнцэр псым йодзэгъур,
                        Ӏэбэхэр екъуху,
                        Ауэ даурэ ямыщӏами,
                        Кхъухьыр занщӏэу яху.

                        Гъуэм и жьауэм хьэкӏэкхъуэкӏэм
                        Къыримых и нэӏу.
                        Шыпхъухэм дыгъэр къырамыдзэу
                        Псысэм къыщӏолъэӏу.
                        Фӏэкӏ уимыӏэ ахэм щаткӏэ
                        Зэдежьуурэ лъэӏу!

                        Сыт сыщӏэн? «Къыхэдзэ псысэр»—
                        Жеӏэ я нэхъыжьым,
                        «Сэмэркъор нэхъыбэ къэщӏыт»—
                        Педзэ я курытым,
                        И бэлагъыр дэни хеӏур
                        Жану я нэхъыщӏэм.

                        Къыщӏызодзэ сэ тэурыхъыр
                        Симыӏэжу кӏуапӏэ:
                        Пщащэ цӏыкӏум къыщыщӏахэр
                        Телъыджащэу щӏыпӏэм—
                        Гъэщӏэгъуэну щилъэгъуахэр
                        Пщащэм и пщӏыхьэпӏэм.




                                                                       5
   26   27   28   29   30   31   32   33   34   35   36