Page 36 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 36
А Л И С Э Т Е ЛЪ Ы ДЖ Э ЩӀ Ы М З Э Р Ы Ш Ы Ӏ А Р
макъым Алисэ зыӏэпашэти, пщӏэ зыхуищӏ псалъэхэр, зригъэ -
щӏэгъуэкӏыурэ, къиупсэлът).
Тӏэкӏу зигъэпсэхури Алисэ, аргуэру пидзэжащ: «Щӏы хъурейм
сыкӏуэцӏрыфтыкӏмэ-щэ? Мис итӏанэщ дыхьэшхэн щыхъуныр.
Сыкопщри гъуэм—цӏыхухэр щхьэкӏэ щыту солъагъу! Сытыт
абыхэм зэреджэр? Уэр-Сэр, хьэмэ Сэр-Уэр, сытми—Ещанэ
къысфӏощӏ.» (Си Тӏуанэ, жиӏэну хуеят). Икӏи Алисэ игукӏэ
щыгуфӏыкӏащ жиӏахэр зыми зэрызэхимыхам—псалъэм и мыхьэ -
нэм щыуагъэ зэрыхилъэхьэр къыгурыӏуэжти. «Икӏи къыс -
пэщӏэхуэу хъуам сеупщӏын хуей къысхудэхуэнущ: „Къыӏэ,
къызжэфӏэт, дэнэ сыщыӏэ: Австрал хьэмэрэ Нюзеланд?“ Сыделэ
цӏыкӏу псоми къафӏэщӏынущ. Хьэуэ, зыми сеупщӏынукъым. Сэр-
сэру сыкъеджэфкъэ? Зы щӏыпӏэ гуэрым и деж къэралым и цӏэр
тетхауэ щытын хуейщ.»
Слӏо адэкӏэ? Адэкӏи аращ: йокӏурэх, йокӏурэх, йокӏурэх…Алисэ
зы дакъикъэкӏэ зиущэхури, и бзэгур хуэмубыду къэпсэлъащ: «Си
Динэ цӏыкӏу ныщхьэбэ ӏей дыдэу къысхуезэшыну къыщӏэкӏынщ.»
(И джэдурат зытепсэлъыхьыр). «Шэ тӏэкӏу, ямыгъэмэжалӏэу,
иратыну пӏэрэ? Сыту дэгъуэт, иджыпсту Динэ сигъусатэмэ.
Мыбдеж дзыгъуэ щыӏэкъым, ауэ дзыгъуэнэф къиубыдынт. И жьэр
иукъмэ дзыгъуэнэфыр езыр-езыру къыжьэдэлъэтэнущ, зыри
дзыгъуэнэфым илъагъукъыми. Ауэ дзыгъуэнэф джэдухэм яшху
пӏэрэ?—Сщӏэкъым.» Алисэ зыкъиплъыхьащ дзыгъуэнэф лъы -
хъуэурэ, ауэ щимыгъуэтым и жейр къытекӏуэу щӏидзащ. «Дзы -
гъуэр лъатэкъым. Дзыгъуэнэфыр мэлъатэ, дзыгъуэр нэф хъумэ
лъэтэн хуейкъэ?» жейбащхъуэм хигъэпсэлъыхьащ Алисэ, икӏи и
жейр трихун щхьэкӏэ, псынщӏэрыпсалъэу къриджэу щӏидзащ:
«Дзыгъуэ, дзыгъуэ, дзыгъуэ… гъудэ, гъудэ, гъудэ.» Зыщӏэдэӏу -
кӏыжри, Дзыгъуэм ипӏэкӏэ Гъудэ зэрыжиӏэр гъэщӏэ гъуэн
щыхъуащ. Итӏанэ егупсысри зэридзэкӏащ: «Гъудэ, гъудэ, гъудэ…
дзыгъуэ, дзыгъуэ, дзыгъуэ.» Гъудэр Дзыгъуэ щыхъужым, Алисэ
щӏэупщӏащ: «Дзыгъуэнэфым гъудэ ишхыу пӏэрэ?» Ауэ слӏо
ущӏэупщӏэкӏэ, зыми жэуап къыщыумытыжкӏэ? Мис абдежым
Алисэ жеипащ. Жейри и джэдум епщӏыхьащ. Пщӏыхьэпӏэм
10