Page 38 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 38
А ЛИСЭ Т ЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫШЫӀАР
закъуэр ихуэнутэкъым. «Си щхьэр ихуатэмэ, щхьэзакъуэ -
ныгъэм ихьынут, си ӏэпкълъпкъ имыхуам егупсысурэ. Хьэуэ,»
жиӏащ абы, «щхьэ пфӏэтмэ, нэхъыфӏщ!» «Мыдэ,» къыпидзащ
тхьэусыхэурэ Алисэ, «щхьэ сэ иныжь зэкӏэ лъы мыкӏуэу сызэ -
кӏуэцӏылъ! Зэкӏуэцӏылъхьэжа жыжьаплъэ бжьэмийм хуэдэу
зызэкӏуэцӏыслъхьэжыфатэмэ, зызэкӏуэцӏы слъхьэжынт. Узэропщ -
хьэжри—зэфэкӏащ! Зыгуэрым сызы рыпщхьэжу сригъэ сэтэмэ,
мис иджыпсту си фэм сипщхьэжынт.» (Фэри иджыпсту Алисэ и
пӏэм фитатэмэ, къикӏуэт фиӏэнутэкъым, пэжкъэ—тхьэкумэ кӏы -
хьыгъуэм ущискӏэ, къэмыхъунрэ пхузэфӏэмыкӏынрэ мы дунеиш -
хуэм тет? Къэмыхъуныр къэхъуауэ хэт махуэ къэс зылъагъур?)
Бжэм уӏусыну мыхьэнэ иӏэтэкъыми, Алисэ ӏэнэмкӏэ къигъэ -
зэжащ, нэгъуэщӏ ӏункӏыбзэӏух е зызэрызэкӏуэцӏалъхьэж ӏэмалхэр
иту тхылъ телъмэ, жери. Ӏункӏыбзэӏухи тхылъи ӏэнэм телътэкъым.
Ауэ зы бащырбэ пкъы цӏыкӏу тетт ӏэнэм, тхэлъымпӏэ кӏапэ
кӏэрыщӏэжауэ. Тхэлъымпӏэм хъэрфышхуэкӏэ тедзат:
«КЪЫЗЭФЭ!», жэуэ.
12