Page 40 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 40

А Л И С Э Т Е ЛЪ Ы ДЖ Э ЩӀ Ы М  З Э Р Ы Ш Ы Ӏ А Р

         гъэгъуа хьэжа зэхэппщэмэ ещхь хъунут бащырбэм итым и
         ӏэфӏагъыр), ирифащ иту хъуар.

                           *                *                *                *
                                    *                *                *
                           *                *                *                *

           «Ай, мыгъуэ, къысщыщӏыр сыт!» къэгузэващ Алисэ. «Жыжьап -
         лъэ бжьэмийм хуэдэу сызэропщхьэ!»
           Абы зыри пыжыпӏэфынукъым: асыхьэтым пщащэр ӏэфракӏэ
         хуэдизу ӏэмпӏэкӏэщӏ хъуащ. Алисэ гуфӏэгъуэм зэщӏищтащ, иджы
         жыг хадэ гъэщӏэгъуэныщэм сыкӏуэфынущ, жери. Ауэ мыгузавэу
         зиӏэжьащ зы дэкъикъэкӏэ, нэхъри нэхъ цӏыкӏу хъункӏэ шынэти.
         «Нэхъ цӏыкӏу сыхъуурэ, сыхъуурэ, шэху уэздыгъэм хуэдэу
         сыткӏумэ зыри къысхэмынэжу,» щэупщӏащ Алисэ, «итӏанэ дап -
         хуэдэфэ къыстеуэныр?» Алисэ и нэгу къыщӏигъэхьэну хуе жьащ,
         шэху уэздыгъэр иса нэужькӏэ и мафӏэ тхьэмпэм къыщы щӏыр. Ауэ
         ар хузэфӏэкӏакъым, апхудэ зэи илъэгъуа тэкъыми.
           Тӏэкӏурэ ежьэри, зимыхъуэжу къыщилъагъум, Алисэ бжэ
         цӏыкӏумкӏэ щӏэпхъуащ, ауэ дыщэ ӏункӏыбзэӏух жьгъейр ӏэнэм
         къызэрытринар игу къыщыкӏыжым, бжэӏупэм и деж къызэщӏэу -
         выӏыкӏри ӏэнэмкӏэ игъэзэжащ. Сыт ищӏэнт—абдж ӏэнэм телъ
         ӏункӏыбзэӏух жьгъейр илъагъут, ауэ—езыр цӏыкӏу жьейт, ӏэнэр
         лъагэт. Дэпщеину хуежьащ ӏэнэ лъакъуэмкӏэ, ауэ къецӏэт -
         фэхыжащ. Сыт имыщӏами, Алисэ хузэфӏэкӏакъым ӏэнэм текӏуэн.
         Икӏэм икӏэжым, дэпщей-къэцӏэфтэхыр щиужэгъум, тхьэмышкӏэ
         цӏыкӏур лъэгум тӏысри ину пыхьэу щӏидзащ.
           «Арат иджы умыщӏэжар,» и щхьэм ткӏийуэ ешхыдащ Алисэ.
         «Нэпсым гуауэр игъэткӏукъым! Иджыпступцӏэ щыгъэт!» Алисэ
         сыт щыгъуэкӏи и щхьэм чэнджэщ тэрэзыбзэхэр иритыжт (ауэ,
         пэжым фыхуеймэ, мащӏэт а чэнджэщхэм зэредэӏур). Зэзэмызи
         емыкӏу зыхуищӏыжурэ и гъын къигъэкӏуэжт. Апхуэдэу зэ и
         напафэр щӏиудыжат, уадэлакъэ здэджэгум хьэрэм зэришхам
         щхьэкӏэ. Пщащэ цӏыкӏур и закъуэ щыхъукӏэ, имызакъуэу, тӏу хъу

         14
   35   36   37   38   39   40   41   42   43   44   45