Page 34 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 34
А Л И С Э Т Е ЛЪ Ы ДЖ Э ЩӀ Ы М З Э Р Ы Ш Ы Ӏ А Р
кӏагуэ щыгъым и кӏэжыпым къырихыу (фи фӏэщ хъурэ?) сыхьэт
(сыхьэт дыдэу сыхьэтт!), еплъыу зыщыричым, Алисэ къыщы -
лъэтащ! Атӏэ! Зэи илъэгъуатэкъым абы Тхьэкӏумэкӏыхьым и
жыпым сыхьэт къырихыу (кӏэжыпи тхьэкӏумэкӏыхьым иӏэу
илъэгъуатэкъым)!
Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьыр щыщӏэпхъуэжым, а псори хьэлэмэ -
тыщэ къызыщыхъуа мо пщащэ цӏыкӏур кӏэлъыщӏэпхъуащ абы.
Икӏи, фи фӏэщ хъурэ, лъэщӏыхьэнут, Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьыр и
гъуэм имыпкӏэжамэ! Нэхъыщхьэр арати, здипкӏэжа, къуацэ—
чацэм щыгъэпщкӏуа гъуэшхуэр къилъэгъуащ Алисэ. Икӏи куэдрэ
мыгупсысэу пщащэр Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьым кӏэлъеуащ. Флъа -
гъурэ, зыми егупсысакъым, ауэ, псори хэгъэкӏыжауэ, гъуэм
къызэрикӏыжыфыну закъуэм егупсысами хъунут.
8