Page 68 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 68
А Л И С Э Т Е ЛЪ Ы ДЖ Э ЩӀ Ы М З Э Р Ы Ш Ы Ӏ А Р
цӏытхъытхъыу еуэри, куэди темыкӏыу мэз ӏув гуэрым къыщы -
хутащ.
Мэзым хыхьэ лъагъуэмкӏэ иунэтӏри Алисэ, щхьэхуэпсалъэу
жиӏащ: «Псом япэр аращи—сызэрыщытауэ сыхъужын хуейщ.
Етӏанэу, мурад нэхъыщхьэр аращи—а жыг хадэ гъуэщӏэгъуэн
цӏыкӏум гъуэгу кӏуэр къэгъуэтыжын хуейщ.»
Пэжу, ар мурад хъарзынэт, ауэ зы ныкъусаныгъэ хэлът—а
мурадыр зэригъэзэщӏэнур ищӏэтэкъым. Мэзыр нэхъ ӏув щыхъум
Алисэ жыг зэхуакухэм нэху дэдзыпӏэ лъыхъуэу щӏидзащ. А
зэманым пщащэм и щыгумкӏэ къиӏукӏ хэвшыр банэ макъ зэхи -
хуащ. Алисэ къыхэщтыкӏри и щхьэр иӏэтащ.
42