Page 66 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 66
А Л И С Э Т Е ЛЪ Ы ДЖ Э ЩӀ Ы М З Э Р Ы Ш Ы Ӏ А Р
зэхэпха? Уэнжакъым ипщхьэн
хуейуэ къызтрагъахуэр уэращ!
—Еуэ, къуэш!»
«Былэ тхьэмышкӏэ,» игу щӏэ -
гъуащ абы Алисэ. «Псоми ира -
гъапщхьэр ара мыгъуэщ! Псо -
ри абы тралъхьэ! Тхьэ, сэ абы
ипӏэ ситыну сыхуэмей! Сэри си
ӏуэхур щӏагъуэкъым, ауэ сэ, зи
мыхъужми, сетхэуэ фынущ!»
Алисэ и лъакъуэр ӏугъуэикӏы -
пӏэм нэхъ ириукъуэдиери,
ежьащ лъэпӏастхъэ макъ уэн -
жакъ бжьэмийм къиӏукӏыхукӏэ
(ар зыхуэдэр пщащэм зэ щхьэ -
кӏэ къыгурыӏуакъым). «Мис
Былэ къытхуеб лэгъащ!» жери
Алисэ, и лъакъуэр иукъуэ дий -
ри, адэкӏэ къэхъу ным ежьэу
къэувыӏэжащ.
Куэди текӏатэкъым, зэщӏэ -
кӏие макъ къыщыӏуам: «Уэуий,
Былэ мэлъатэ, мэлъатэ!» «Ей,
бжыхъым и деж щытхэм къэву -
быд ар!» кӏэщӏу иужь иту
Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьым жиӏэу
пщащэм зэхихащ. Зы дэкъи -
къэкӏэ псори дэущыншэ хъуащ.
Итӏэнэ аргуэрыжу псалъэ ма -
къхэр къызэщӏэушэжащ: «И щхьэр къэӏэт!—Псы тӏэкӏу ев гъа -
фэ!—Фыхусакъ, псым евгъэтхьэлэн!—Даурэ ущыӏэ, къуэш!—
Сыт езы къэхъуар?—Умыукӏытэу къып щыщӏар жыӏэ.»
Аурэ, пшащэм зы макъ псыгъуабзэ («арауэ къыщӏэкӏынщ
Былэр,» егупсысащ ар) зэхихащ: «Ухьэхьей, мыгъуэ зыри
40