Page 62 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 62

А Л И С Э Т Е ЛЪ Ы ДЖ Э ЩӀ Ы М  З Э Р Ы Ш Ы Ӏ А Р

         бащырбэр, лъэмыӏуса хуэдэу, псынщӏэ дыдэу ӏэнэм тригъэу -
         вэжащ: «Ирикъуа-ирикъуа, мыхъумэ бжэм сыдэхуэжы нукъым.
         Апхудиз мыгъуэ щхьэ сефа? Зы ткӏуэпсри ирикъунти!»
           А гупсысэр тэрэзыбзэт, ауэ ӏуэху нэужьыращ щегупсысар—
         пщащэр къэмыувыӏэу хэхъуэт! Зы дакъикъэ щытекӏым—лъэгуан -
         жьэмыщхьэкӏэ увын къыхудэхуащ, дакъикъитӏ щытекӏым—пэш
         лъэгум гъуэлъащ, и ӏэдакъэр бжэм щигъакъуэри, адрей ӏэр и пщэ -
         дыкъым дилъхьэжри… ауэ хэхъуэн щигъэтакъым. Слӏот ищӏэжы -
         ныр—щымыхъужым и ӏэ лъэныкъуэр щхьэгъубжэм дигъэжащ, и
         лъакъуэр хьэку жъэгум иригъэуващ. «Зэфӏэкӏащ,» егупсысащ ар,
         «нэгъуэщӏ зыри пхуэщӏэжынукъым—ирехъу хъуныр!»
           И насыпти хущхъуэм и къарур иухри, пщащэм хъуэхъуэн
         щигъэтащ. Ауэ абы зыкӏи уехъуапсэ хъунутэкъым, апхуэдэ
         пӏэтӏэуэншэ ихуати. Къикӏыжыпӏи иӏэтэкъым. Гъэщӏэгъуэнкъым
         Алисэ а дакъикъэм тӏэкӏу гужьеями.
           «Ди унэм сыщыӏэжамэ, нэхъыфӏт,» егупсысащ пщащэ тхьэ -
         мыщкӏэр, «сыт мыхъужми, пщӏэрт дакъикъитху дэкӏмэ псори
         зэрыщытауэ къызэрынэжынур. Мыбдежым-щэ!.. Зэм уиныш -
         хуэщ, зэм уцӏыкӏунижьгъэщ, дзыгъуэ гуэрым е тхьэкӏумэкӏыхь
         гуэрым унафэ къыпхуещӏ, зыхуейр уагъащӏэ! Сыкӏуэу а тхьэку -
         мэкӏыхьыгъуэм сыщӏипщхьар къащӏэ! Ауэ… ауэ… мыбдежым
         псори гъэщӏэгъуэнщ! Уи напӏэр зэтеплъхьэу зэтепхыжмэ—
         зыгуэр къыпщощӏ, зэрыхъури къыбгурымыӏуэу. Япэм таурыхъ
         сыщеджэкӏэ апхуэдэу къэмыхъу къысфӏэщӏт, ауэ, мис, сэр-сэру
         таурыхъым сыхэхуащ. Мы къысщыщӏахэм щхьэкӏэ зы псысэ
         бэлыхь тхакӏуэхэм зэхалъхьэн хуейщ! Ин сыхъумэ, сэр-сэру …»
         мыбдежым Алисэ и гупсысэр зэпыуащ. «Уа,» жиӏащ пщащэм
         нэщхъейуэ, «сэ армырами сыинкъэ! Ауэ сыту фӏыщэт—мы
         пэшым нэхъ ин зызигъэщӏыжынкъым!»
           «Зэи афӏэкӏа иджы сыхэмыхъуэжмэ-щэ?» егупсысащ Алисэ.
         «Ин сыхъуамэ, сызэрыхъун сыхъуащи, нэхъыжьи сыхъужы ну -
         къым. Нэхъыжь сыхъуагъыхэмэ—фызыжь цӏыкӏуи сыхъуну -
         къым! Ар дэгъуэкъэ! Ауэ, плъагъурэ, нэхъыжь сымыхъуми,
         иджыпсту сызэрыщытым хуэдэу сыкъонэкъэ?! Апщыгъуэкӏэ

         36
   57   58   59   60   61   62   63   64   65   66   67