Page 59 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 59

П ХЪ Э РЖ Э Р Ы ГЪ Э Х Ь ЭУ Л Е ЙР Э  Ӏ УА Т Э  КӀ Ы ХЬР Э

               Алисэ игу къэкӏа джэдум и щытхъупс игъэжар зыгуэрхэм ягу
             техуакъым—бзум я ныкъуэм зыкъаӏэтри лъэтэжащ. Къанжэ
             фызыжьэр щӏыӏэм иса хуэдэу, псынщӏэ-псынщӏэу и шащыхур
             къызришэкӏри и макъыр кӏэзызурэ, и быныр къыриджэу щӏи -
             дзащ: «Къэвгъазэ, щӏыӏэ къыфхыхьэнщи, фи тэмакъыр узынщ.
             Фынакӏуэ, си нэху цӏыкӏухэ, дывгъэкӏуэж, фыгъуэлъыжу фыжеи -
             жын хуейщ.» Сытми, хуэм-хуэмурэ щхьэусыгъуэ зэрыз къагъуэ -
             турэ, Алисэ и закъуэу къагъанэри псори зэбгырыкӏыжащ.
               «Сытым щхьэкӏэ Динэ и цӏэр къыщӏыхэзгъэщар?» нэщхъей-
             нэщхъейуэ егупсысащ Алисэ. «Зыми мыдей ар игу ирихькъым.
             Зыми ар зэрыдыщэ хъурейр ищӏэкъым. Мы дунеишхуэм абы
             нэхъыфӏ щыӏэкъым! Си Динэ фо, зэи мыгъуэ сыпӏумыплъэжыну
             пӏэрэ!» Мыбдежым Алисэ и закъуэныгъэм къыхэкӏыу, аргуэру и
             гъын къэкӏуащ, ауэ пщащэ цӏыкӏум зигъэбыдэри зы нэпс къы -
             щӏигъэжакъым. Апхуэдэу здэщысым даущ гуэрэ щызэхихым,
             пщащэр къэгуфӏащ—Дзыгъуэм и хъыбарыр нигъэсыжын щхьэ -
             кӏэ къигъэзэжауэ жери.
































                                                                      33
   54   55   56   57   58   59   60   61   62   63   64