Page 60 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 60
IV E ДЗЫГЪУЭ
Шындырхъуорэ
Уэнжакърэ
уэ зэрымыгугъауэ къыщӏэкӏащ—ар Тхьэкӏумэкӏыхь
АХужьырат. Тхьэкӏумэкӏыхьыр мыгузавэу къакӏуэт,
зыгуэр фӏэкӏуэдауэ лъыхъуэ хуэдэу зиплъыхьурэ. Гъумэтӏымэурэ
и пэм ипсэлъыхьт: «Адыдыд, Уэркъ-Гуащэри щыӏэнущ. Сыу -
нэхъужащ: си щхьэр хэслъхьауэ бжы, си пащӏэри трачынущ, си
тхьэкӏумэхэри пагъэфтынущ, сэри лыӏу-лыӏу сащӏынущ. Дэнэ
схьа мыгъуэ, дэнэ щыскӏэрыхуа?» Алисэ занщӏэу къыгурыӏуащ
Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьыр жьыхумрэ ӏэлъэхэмрэ зэрылъыхъуэр.
Езыри хъыджэбзыфӏти, лъыхъуэу щӏидзащ. Ауэ жьыхумрэ
ӏэлъэхэмрэ зы щӏыпӏи щыӏэтэкъым. Пэжу жыпӏэмэ, икӏи мыхьэ -
нэи иӏэтэкъым улъыхъуэну, Алисэ нэпсхэм зызэри гъэп скӏрэ
псоми зихъуэжати: абдж ӏэнэр зыщӏэта бгъэн щӏагъышхуэри бжэ
цӏыкӏури зэи щымыӏа хуэдэу бзэхыжат.
Куэди дэмыкӏуу Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьым и пащхьэм иджэ рэ -
зыхь Алисэ къилъэгъури, тегуоуащ: «Уэ Мэри-ӏен! Сыт уэри мыб -
дежым пфӏэкӏуэдар? Жэи, Тӏасэ, джэгум сазэрыхыхьэ ӏэлъэ хэмрэ
жыхумрэ къысхуэхь! Зыгъэхъей псынщӏэу!» жери, здэжэну
34