Page 80 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 80
А Л И С Э Т Е ЛЪ Ы ДЖ Э ЩӀ Ы М З Э Р Ы Ш Ы Ӏ А Р
«Си ӏэр си щхьэм щыхуэзмыхьыфкӏэ, си щхьэр си ӏэм хуэс -
хьынщ,» егупсысащ Алисэ. Къызэрыщӏэкӏамкӏэ и пшэм тыншыб -
зэу дэнэкӏи зигъэзэфт. Ар къышыгурыӏуэм, дахэ дыдэу и пщэр
къигъэшри, Алисэ теджыз удзыфэм и щхьэр хиӏуну зигъэхьэзыра
къудейуэ (пщащэм къыгурыӏуагъыхэт теджыз удзыфэкӏэ зэджэр
зэрымэзыр), фий макъ гуэрым къигъэщтащ. Къыздикӏари умы -
щӏэу напӏэзыпӏэм пщащэм зы тхьэрыкъуэ пӏащӏэ къытеуащ, и
дамэмкӏэ къенапэфэуэн и мураду.
«Блэ, блэ!» и макъым къызэрихьымкӏэ кӏийт Тхьэрыкъуэр.
«Ууу, зинэ блэжь!»
«Сыт хуэдэ блэ?» къэгубжьащ Алисэ. «Къыскӏэрыкӏ адэ, сэ сы
блэкъым!»
«Блэ! Блэр—блэщ!» къытригъэзэжри жиӏэщ Тхьэрыкъуэм
гъынанэурэ. «Ай, мыгъуэ,» тхьэусыхащ ар. «Сымыщӏа щыӏэж -
къым, зыри ящхьэпэкъым! Арэзы пхуэщӏыфынухэкъым мы хьэдэ -
гъуэдахэхэр!»
«Жыпӏэр сыт? Зыри къызгурыӏуэкъым!» жиӏащ Алисэ.
«Жыг лъэхъцым гъуэ сщӏри сеплъащ, псыӏуфэм сеплъащ,
къуацэ-чыцэм сеплъащ,» къемыдэӏуу тӏэрэтӏырэт Тхьэрыкъуэр,
«псори яфӏэмащӏэщ! Хьэбыршыбырхэ!»
Алисэ пэж дыдэу зыри къыгурыӏуэтэкъым, ауэ Тхьэрыкъуэм
жиӏэну зыхуей псори къиӏуэтэхукӏэ езым зызэриущэхун хуейр
къыгурыӏуат.
«Джэдыкӏэм утесыныр—ӏуэху тынш къыпфӏэщӏрэ?» жиӏащ
Тхьэрыкъуэм и макъыр нэхъри дришейуэ. «Тетӏысхьи еплъ
къыбгурыӏуэну ухуеймэ! Сэ тхьэмыщкӏэр ябгам хуэдэу сытесщ
джэдыкӏэхэм, абы игущӏыӏужкӏэ, жэщи махуи абгъуэр блэжьхэм
ящысхъумэн хуейщ. Сыту сыщхьэмыгъуэжь! Уи фӏэщ хъурэ,
жэщищ махуищкӏэ сыжеякъым!»
«Къысхуэгъэгъу узэрызгъэгумэщӏам щхьэкӏэ,» жиӏащ, ӏуэхур
зытетыр къыщыгурыӏуэм, Алисэ Тхьэрыкъуэм игу щӏэгъупэурэ.
«Мис иджы мы мэзым щӏэт нэхъ жыг ин дыдэр тӏысыпӏэ щыс -
щӏым,» къыпидзащ Тхьэрыкъуэм кӏийуэрэ, «иджы зы дакъикъэкӏэ
54