Page 81 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 81

Х Ь Э МБ Ы Л У Щ ХЪ УА НТӀ Э М  И Ч Э НДЖ Э Щ

             зызгъэпсэхунщ, жысӏа къудейуэ, уафэм къохуэхри, зи лъапсэ
             гъущыныр, си щхьэм къытохуэ. Ууу блэжь!»
               «Ухьэ-ей, сэ сыблэкъым бжызоӏэри,» жиӏащ гузавэу Алисэ, «сэ
             сысы… сысы…» Алиса абдежым зэпиудри и псалъэр, зиущэху -
             жащ.
               «Жыпӏэкъэ, жыпӏэкъэ, зыщӏэбущэхужар сыт?» къыщыдыхьэш -
             хыурэ жиӏащ Тхьэрыкъуэм. «Нэгъущӏ зыри къыпхуэгупсысакъэ,
             а?»
               «Сэ… сэ сыхъыджэбз цӏыкӏущ,» жиӏащ Алисэ, нобэ къыщыщӏа
             псори игу къэкӏыжри жиӏэр и фӏэщ мыхъупэу.
               «Атӏэ, пцӏыупсыжь, си фӏэщ пщӏащ!» пщащэр ӏумпэм ищӏурэ
             жиӏащ Тхьэрыкъуэм. «Сэ си гъэщӏэм хъыджэбз цӏыкӏу ӏэджи
             слэгъуащ, ауэ зыми апхуэд-и-и-зу пщэ кӏыхь иӏэу сыӏущӏакъым.
             Сэ сыделэ къыпфӏэщӏрэ? Умыдэнуми уэ ублэщ! Пцӏы умыупс,
             иджы зэи джэдыкӏэ умышхауэ жыпӏэнкъэ!»
               «Сшхащ, щӏэзмышхар сыт,» пцӏы имыупсу ирагъэса пщащэм
             зыкъиумысыжащ. «Хъыджэбз цӏыкӏухэм джэдыкӏэ яшх.»
               «Си фӏэщ хъукъым!» жиӏащ Тхьэрыкъуэм. «Ауэ ар пэжмэ,
             хъыджэбз цӏыкӏухэри узыфӏэмыкӏыжыну блэщ! Джэдыкӏэ зыш -
             хыу хъуар блэщ! Мис аращ пэжыр ухуеймэ!»
               Алисэ Тхьэрыкъуэм къыжриӏам апхуэдизу шейтей ищӏати
             псалъэ хужымыӏэжу щытт. «Псори гурыӏуэгъуэщ,» жиӏащ Тхьэ -
             рыкъуэм. «Уэ узылъыхъуэр джэдыкӏэщ, сэ сощӏэ! Апхуэдэу
             щыщыткӏэ: ухъыджэбз цӏыкӏуми ублэми си зэхуэдэщ!»
               «Уэ уи зэхуэдэ щхьэкӏэ, сэ си зэхуэдэкъым!» къэгубжьащ Алисэ.
             «Сэ мыбдежым джэдыкӏэ сылъыхъуэкъым, сылъыхъуатэми уи
             джэдыкӏэратэкъым сызылъыхъуэнур. Сэ, тӏасэ, джэдыкӏэ цӏынэ
             сшхыкъым.»
               «Пэжыуи? Атӏэ апщыгъуэкӏэ зегъэхь!» ткӏийуэ къэпсэлъэри
             Тхьэрыкъуэр и гъуэм итӏысхьэжыщ. Алисэ слӏот ищӏэнур, зригъэ -
             хьащ. Ерагъыурэ пщащэр жыгхэм пхырыкӏт: къуэдамэхэр и
             пщэм фӏэнэху, къэувыӏэурэ къыфӏихыжт. Сытми апхуэдэурэ здэ -
             кӏуэм, абы игу къэкӏыжащ ӏэгъэбэгу къыгуичахэр иджыри зэрыӏэ -
             щӏэлъыр. Ар мэзӏэрынэ гуэрым и деж итӏысыкӏри, хуэсакъыурэ,

                                                                      55
   76   77   78   79   80   81   82   83   84   85   86