Page 86 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 86
А Л И С Э Т Е ЛЪ Ы ДЖ Э ЩӀ Ы М З Э Р Ы Ш Ы Ӏ А Р
фӏыуэ ялъагъурэ,» ӏущащэурэ жиӏащ Алисэ, «ухуэмейми делэ
уащӏынущ!»
Хьэиху-бжэхуэщӏым, а зэманыр къихиубыдыкӏри, зытепсэлъы -
хьыну фӏыуэ илъагъу ӏуэхум хуиунэтӏыжащ. «Плъагъурэ, хъункӏэ
мэхъу сэ мыбдежым сыщысыну ену—махуэм махуэ пидзэжурэ…
Махуэм махуэ пидзэжурэ… Пидзэжурэ.»
«Сыт сэ сщӏэн хуейр?» еупщӏащ пщащэр.
«Узыхуейр щӏэ!» къитыжри жыуап Унэӏут Шынакъыкӏым,
щӏэфиикӏыу тӏысажащ.
«Сыт-хьэ мыбы уеупщӏкӏэ!» егупсысащ, Унэӏутым иригъэзэша,
Алисэ. «Ныкъуэделэ гуэрэщ мыр!» Алисэ епхъуэ, бжэр ӏуихури
щыщӏыхьэм занщӏэу пщэфӏапӏэ хуитышхуэм къыщӏэхутащ.
Пэшым нэр имыгъаплъэу ӏугъуэ щӏэзу щӏэтт; Уэркъ-Гуащэр
шэнт лъакъуищым тесу сабий цӏынэ щӏиупскӏэт; Фыз Пщэ -
фӏакӏуэр хьэкум хьэнтхъупс изыбзэу зэрыту тет шыуанышхуэм
жьэхэтт.
«Я хьэнтхъупсым шыбжий куэдыщэ хадза къысфӏощӏ!» егуп -
сысащ Алисэ.
60