Page 90 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 90
А Л И С Э Т Е ЛЪ Ы ДЖ Э ЩӀ Ы М З Э Р Ы Ш Ы Ӏ А Р
пщащэм къыдищтэ хуэдэу хъурхъуращ. «Умыхъурхъур,» жиӏащ
тегъэчынауэ Алисэ, «сабийр кхъуэкъым, икӏи хъурхъурыну къе -
кӏукъым. Зыми жыпӏэр къыгурыӏуэнукъым!»
Ауэ ар аргуэру щыхъурхъурым, Алисэ сабийм ӏуплъащ: сабийр
пэтӏинэт икӏи и пэр кхъуэм и пэм нэхъ ещхьт, сабиипэм нэхърэ;
и нэхэри сабиинэм еплъытмэ, цӏыкӏужьейт. Пэжу жыпӏэмэ,
сабийм и шыфэлӏыфэр Алисэ ауи игу ирихьакъым. «Езы мыр
гъынэнарэ хьэмэ хъурхъуррэ?» егупсысащ пщащэ гупцӏанэ
цӏыкӏур. Алисэ аргуэру сабий цӏынэм и нэм щӏэплъащ, гъырэ
мыгърэ зэригъэщӏэн папщӏэ.
И нэхэр гъущабзэт. «Къэдаӏуэ, дахэ цӏыкӏу,» ткӏийуэ жиӏащ
Алисэ, «кхъуэ щытыкӏэу ущытмэ—сыкъэпцӏыхукъым, икӏи усцӏы -
хужкъым! Ар уи пэ тӏийм хэбзэ, къыбгурыӏуа?» Сабий тхьэмыщ -
кӏэр аргуэру гъынэнащ (хьэмэ хъурхъура—къыбгурыӏуэнутэ -
къым). Алисэ и дамэр дришей, сабийр зыӏэщӏикъузэри, адэкӏэ
кӏуащ.
64