Page 91 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 91

К ХЪ УЭ Ш Ы РР Э Ш Ы БЖ И ЙР Э

               Алисэ я унэм и деж екӏуэлӏэжмэ, сабий иӏыгъым ирищӏэныр
             зэригъэзахуэурэ здэкӏуэм, нэнур аргуэрыжу ӏупщӏэу зэхэпщӏы -
             кӏыпэу хъурхъуращ. Алисэ къащтэри сабийм ӏуплъэпащ. Зы
             шэчи къыхуэнэжакъым—иӏыгъыр кхъуэшыр дыдэу къыщӏэкӏащ.
             Уи ӏэплӏэм илъу кхъуэр адэкӏэ плъэфыныр делагъэти, Алисэ
             кхъуэшырыр иутӏыпщыжри кӏэлъыплъащ ар мэзым зэрыхэ лъэ -
             дэжым.
               «Ари ӏейкъым,» егупсысащ Алисэ, «кхъуэшыр цӏыкӏу къудейщ.
             Ауэ ар сабийуэ щытатэмэ гущыкӏыу зы щӏалэ цӏыкӏу къыхэкӏы -
             нут!» Алисэ и нэӏуасэ сабийхэм ящыщу кхъуэшыр къызхэ -
             кӏынухэр къырибжэкӏыурэ здэкӏуэм ущащэт: «Ахэр кхъуэшыр
             зэрысщӏыфын ӏэмал сщӏащэрэт—кхъуэшыр зэтесщӏыхьынт
             псори.» Сытми апхуэдэурэ здэкӏуэм асыхьэту къащтэри къыз -
             щӏэувэӏыкӏащ. Пэмыжыжьэу шыт жыгым и къуэдамэм тест
             Чэщыр Джэдур.
               Джэдур, Алисэ къыщилъагъум, къыщыгуфӏыкӏащ. «И сурэткӏэ
             бзаджэфэ теткъым,» егупсысащ пщащэр. Пэжу, джэдум гу
             щабафэт тетыр; ауэ и лъэбжьанэ кӏыхьхэмрэ, бэдэду дзэ жан
             ӏутхэмрэ удэгушыӏэ зэрымыхъуныр уагъащӏэт.
               «Чэщыр Нау…» тримыкъузапэу жиӏащ пщащэм (джэдум игу
             ирихьынрэ иримыхьымрэ апхуэдэ зыхуэгъэзэкӏэр ищӏэтэкъыми).
             Джэдур нэхъ иныжу къыгуфӏащ. «Губжьакъым,» егупсысри
             Алисэ, къыпидзащ: «Къысхуэгъэгъу, зиусхьэн, умыщӏэу пӏэрэ
             дэнэкӏэ сыздэкӏуэн хуей?»
               «Ар нэхъыбэу зэлъытар, тӏасэ, уздекӏуэлӏэн хуейращ,» къэпсэ -
             лъащ Джэдур.
               «Си дежкӏэ лъэныкъуэ псори зэхуэдэщ…» жиӏащ пщащэм.
               «Апщыгъуэ здэбгъэзэну лъэны къуэ ми мыхьэнэшхуэ иӏэкъым,»
             гуфӏэп сыжу къэӏуащ Джэдур.
               «…зы  щӏыпӏэ гуэрым зэ сынэса щэрэт,» нэхъ гурыӏуэгъуэу
             жиӏащ пщащэм.
               «Умыпӏащӏэ, укӏуэ къудеймэ, зэгуэ рэм зы щӏыпӏэ гуэрым унэ -
             сынщ,» жиӏащ Джэдум, «гъуэгу ныкъуэм укъэумывыӏэжмэ.»

                                                                      65
   86   87   88   89   90   91   92   93   94   95   96