Page 82 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 82
А Л И С Э Т Е ЛЪ Ы ДЖ Э ЩӀ Ы М З Э Р Ы Ш Ы Ӏ А Р
зэ зы ӏэмыщӏэм, зэ адрейм ӏэщӏэлъым едзакъэурэ—зэ ин хъумэ,
зэ цӏыкӏу хъужурэ, зэрыщытам и пӏэм иувэжыхукӏэ увыӏакъым.
Фи фӏэщ хъурэ, апхуэдизу щыужати пщащэр и щытыкӏэ тэрэ -
зым, зэ щхьэкӏэ и фэм емызэгъыжурэ пӏалъэ гуэр ихьащ. Ауэ дауэ
щымытами, псынщӏэу зэсэжри, зэресэжам хуэдэу щхьэхуэп -
сэлъэн щӏидзэжащ. «Ӏуэхум иныкъуэр зэфӏэкӏащ, ауэ си пӏэм
нэгъуэщӏ хъыджэбз цӏыкӏу гуэр итатэмэ, къысщыщӏа псоми и
щхьэр зэӏигъэхьэнт. Сэ дунейр къысщыщӏри, икӏэм икӏэжым,
сызэрыщытауэ сыхъужащ. А псори япэ ӏыхьэт. Етӏуанэ ӏыхьэр—
хадэ гъэщӏэгъуэным сыкъэхутэн хуейщ! Ауэ даурэ ар къэзгъуэ -
тын?» И щхьэм хуэпсалъэурэ, Алисэ мэзым къыщӏэкӏыжащ.
Плъамэ—мэз гъунэм зы унэ дахэщэ цӏыкӏу щытщ, езы Алисэ и
инагъым хуэдиз хъууэ. «Мы унэ цӏыкӏум щӏэсхэр сщӏэкъым, ауэ
мыпхуэдэу сахуэкӏуэмэ, щӏэсу хъуар згъэшынэнщ,» егупсысащ
ар. Алисэ ӏэщӏэлъ ӏэгъэбэгум тӏэкӏу-тэкӏуурэ едзакъэурэ джэдум
хуэдиз зищӏащ.
56