Page 79 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 79
Х Ь Э МБ Ы Л У Щ ХЪ УА НТӀ Э М И Ч Э НДЖ Э Щ
«Сыт ар зищӏысыр?» егупсысащ Алисэ. «Сыт сызэдзэкъэн
хуейр? Дэнэ сыздедзэкъэнур?»
«Ӏэгъэбэгу,» пщащэм и гупсысэр зэхиха хуэдэу, къэӏури Щы -
гъыныхьым и макъыр, езыри щыӏа-щымыӏа жэуэ бзэхыжащ.
Алисэ ӏэгъэбэгум зыкъомрэ зимыгъэхъейуэ еплъащ лъэныкъуэ
зэдзэкъэныр зэригъэзахуэу. Ар ӏуэху хьэлэт—ӏэгъэбэгум зэрыф -
щӏэщи и пыӏэр хъуреибзэщ. Ауэ Алисэ ӏуэхум екӏуэлӏапӏэ къыхуи -
гъуэтащ: къыгуичащ тӏэкъыр зэрыз лъэныкъуитӏымкӏи!
«Иджы сыт хуэдэра сызэдзэкъэн хуейр—мырэ, хьэмэ—мыра?»
гузэвэгъуэ ихуауэ гупсысэт пщащэр. Икӏэм икӏэжым, ӏэ ижьым
ӏэщӏэлъым тӏэкӏунитӏэ къыгуидзэкъыкӏащ. А дэкъикъэм пщащэм
и жьэпкъыр и вакъэм еуэлӏэжащ.
Алисэ ӏей дыдэу шына щхьэкӏэ, занщӏэу къыгурыӏуащ: псын -
щӏэу ӏэмыщӏэ сэмэгум ӏэщӏэлъ ӏэгъэбэгум емыдзакъэмэ, думпу
зэрыкӏуэдынур. Ауэ ар къызэрымыкӏуэу гугъут: и вакъэр апхуэ -
дизу и жьэпкъым быдэу къыщӏэувати и жьэр ауэми хузэтех тэ -
къым. Сытми зигъэбыдэри, еӏэ, еӏэри, ерагъыу тӏэкӏу и жьэр
зэтрихри, зы такъыр цӏыкӏу къыгуишхыкӏащ ӏэгъэбэгум.
* * * * *
* * * *
* * * * *
«Уэуий! Си щхьэр хуит къэхъуажащ!» къэгуфӏащ Алисэ, ауэ
занщӏэу и гуфӏэр икӏри къэщтэжащ: и дамэхэр, зэи имыӏа хуэдэу,
кӏуэдахэщ! Алисэ и нэр теубыдауэ еплъых щхьэкӏэ—зыри
илъагъутэкъым, тенджыз удзыфэм къыхэпӏиикӏ и пщэ псыгъуэ
кӏыхьышхуэм мыхъумэ.
«Ай, мыгъуэ! Дэнэ кӏуа си дамэ цӏыкӏухэр?» щӏэупщӏащ Алисэ.
«Гъэщӏэгъуэнщ, мыри сыт хуэдэ тенджыз удзыфэ? Уэй мыгъуэ,
си ӏэбэ цӏыкӏухэ, фэри дэнэ фыкӏуа? Ей, дэнэ фыщыӏэ?» Алисэ и
ӏэхъуамбэхэр игъэпӏэжьэжьэну иужь иува щхьэкӏэ, зыри хузэ -
фӏэкӏакъым. Жыжьэу, адэ ищӏагъым и деж, удзыфафэр, жьы
щӏихуа хуэдэу, тӏэкӏу зекӏуащ.
53