Page 83 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 83
VI E ДЗЫГЪУЭ
Кхъуэшыррэ
Шыбжийрэ
лисэ зы дакъикъитӏкӏэ, ищӏэныр имыщӏэу, унэр зэпип -
Алъыхьу щытащ. А зэманым мэзым хьэиху-бжэхуэщӏ
гуэрэ къыщӏэжри унэбжэм и къарум къызэрихьымкӏэ тетӏыр -
къащ. (Алисэ абы фащэ щыгъымкӏэ зэрыхьэиху-бжэхуэ щӏыр
занщӏэу къыгурыӏуащ. И фащэм къимыӏуэтамэ и нэкӏумкӏэ зэи
къыпхуцӏыхунутэкъым ар зэрыхьэиху-бжэхуэщӏыр. Ауэ, пэжыр
жыпӏэмэ, и шыфэлӏыфэкӏэ ар хьэмпӏытӏ дыдэу хьэмпӏытӏ). Иджы
апхуэдэ фащэ зэрахьэжкъым, ауэ унэӏут хьэиху-бжэхуэ щӏхэр
иджыри адэкӏи-мыдэкӏи къыппэщӏэхуэу жаӏэ. Бжэр къызэӏукӏри
унэм нэгъуэщӏ хьэиху-бжэхуэщӏ къыщӏэкӏащ. И нэкӏу хъуреиш -
хуэр хьэндыркъуакъуэнэ къипӏикӏхэр тест—зи и сурэткӏэ, зы
гъуащэ хэмылъу, Шынакъыкӏт. Тӏуми щхьэцнэпцӏ баринэхэр
яфӏэлът. Алисэ фӏэгъэщӏэгъуэн хъури, унэм нэхъ гъунэгъу зыкъы -
хуищӏри, къуацэ-чыцэм зыкъуигъапщкӏухьри абыхэм ячэлъып -
лъын щӏидзащ.
Унэӏут Хьэмпӏытӏым и гуфӏакӏэм тхылъыкӏуэ щэджащэ къыди -
лъэфри (ар езым хуэдиз хъут) ӏэщӏилъхьащ Унэӏут Шынакъы -
57