Page 85 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 85
К ХЪ УЭ Ш Ы РР Э Ш Ы БЖ И ЙР Э
«А узэтӏыркъым зыри къикӏкъым, дуней нэху,» жиӏащ Унэӏут
Шынакъыкӏым. «Псом япэ: уэри сэри зы лъэныкъуэкӏэ бжьэм
дыӏутщ, икӏи а лъэныкъуэр унэ кӏуэцӏыракъым, етӏуанэу, зэро -
гъэгуоухэри унэм щӏэсхэр, зыми узэхихынукъым. Пэжкъэ?»
Пэжу, унэм макъышхуэ къыщӏэӏукӏт: зыгуэр зэтеумывыӏэу гъуа -
хъуэт, нэгъущӏ гуэр (ари зэпымыууэ) къепст, а псоми нэмыщӏы -
жу—быргъэ-сыргъэ макъышхуэ, тепшэч зэхакъутэ хуэдэу,
къэӏут.
«Къысхуэгъэгъу, атӏэ дауэрэ мы унэм сызэрыщӏыхьэн хуейр?»
щӏэупщӏащ Алисэ.
«Ди зэхуакум иджыпсту бжэ дэтатэмэ,» жиӏащ хьэндыр къуа -
къуэшырым, Алисэ жиӏэр щхьэдигъэӏухыурэ, «псалъэм папщӏэ,
укъететӏыркъынти бжэм, сэ бжэр къыпхуӏусхынти, унэм укъы -
щӏэзгъэкӏынт.» Унэӏутыр щыпсалъэкӏэ езым къемыплъу уэгум
зэрыдэплъеир Алисэ егъэлея ӏэдэбыншэу къилъытащ. «Къыщы -
зэпсалъэкӏэ, къызэплъын хуейщ! Ауэ,» егупсысащ пщащэр,
«пэжыр жыпӏэмэ, и нэхэр и щхьэщыгум исщи, уафэм дэмып -
лъеини хузэфӏэкӏынукъым. Ар щхьэкӏэ, даурэ щымытми, си
упщӏэм жыуап къыритыжын хуейщ.—Даурэ унэм сыщӏыхьа
хъуну?» къытригъэзэжри еупщӏащ Алисэ.
«Сэ мыбдежым сыӏусыфынущ,» жиӏащ и щхьэм хуэпсалъэурэ
Унэӏут Шынакъыкӏым, «пщэдей нэгъуни…»
А дэкъикъэм бжэр къызэӏукӏри Унэӏутым шхыныгъуэ гуэр
кърыутӏыпщащ. Ауэ Шынакъыкӏым и нэр ауи игъэупӏэрэ пӏа -
къым. Къыраутӏыпщар абы и пэнцӏывым щихъуэ, блэлъэтри
жыгъым кӏэриупцӏащ.
«…къэбышкӏэжи нэгъунэ,» зыри къэмыхъуа хуэдэу Шына -
къыкӏым къыпищащ.
«Даурэ унэм сызэрыщыхьэнур?» дэгум епсалъэ хуэдэу гуоурэ
щэупщӏащ абы Алисэ.
«Езы ущӏыхьэн хуей?» жиӏащ Унэӏутым. «Мис аращ упщӏэ
тэрэзыр. А упщӏэмкӏэ къыщӏэдзэ.»
Псори пэжт, ауэ Алисэ фӏыуэ илъагъутэкъым апхуэдэу къыще -
псалъэхэкӏэ. «Гъэщӏэгъуэнкъэ, мы хьэкӏэкхъуэкӏэхэм сыту дэуэну
59