Page 88 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 88

АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР


         зыхимыщӏэу, зыри имылъагъу хуэдэу щыст. Сабий цӏынэр зэры -
         кӏиям худэу кӏийти, техуарэ темыхуарэ къыбгурыӏуэ нутэкъым.
         Алисэ ӏей дыдэу къэщтэри, дэпкӏэурэ гуоуащ:
           «Кхъыӏэ, кхъыӏэ увыӏэ! Ау, и пэ цӏыкӏум утохуэ!» табэр сабийм
         и пэм, иджыпсту щихъуэнкъэ жыпӏэу, блэлъэтащ.
           «Зыгурым и белыгъэр хамэ ӏуэхум химыӏуатэмэ,» жиӏащ гъумэ -
         тӏымэурэ Уэркъ-Гуащэм, «щӏыгур нэхъ псынщӏэу джэрэзынут!»
           «Атӏэ, абы сыт фӏыуэ хэлъыр?» жиӏащ Алисэ зэрыӏущ цӏыкӏур
         къигъэлъэгъуэн и мураду. «Жэщ-махуэ имыӏэжу щӏыгур псын -
         щӏэу джэрэзмэ псори щхьэуназэ дыхъунущ.»
           «Уи щхьэр пагъэджэрэзыкӏмэ, зэи унэзэжынукъым!» жиӏащ
         Уэркъ-Гуащэм.
           Алисэ и псалъэхэр зэпиудри щтэӏэщтаблэу еплъащ Фыз Пщэ -
         фӏакӏуэм, ауэ абы и щхьэ ӏуэху зэрихуэу ежьэжауэ щилъагъум,
         къыпидзащ (тӏэкӏуи фӏызэхэзэрыхьыжауэ): «Сэ нэгъуэщӏт жы -
         сӏэну сызыхуеяр: Щӏыгум сыхьэт тӏощӏрэ плӏырэкӏэ зэ зегъэ -
         джэрэз… Хьэмэ, зы сыхьэтым тӏощӏрэ плӏырэкӏэ зигъэджэрэзрэ?»
           «Уэ си дуней нэху, си щхьэр умыгъэузыт,» жиӏащ Уэркъ-
         Гуащэм, «бжыгъэ жыхуаӏэм сэ сыхэзагъэкъым!» Ар жиӏэри,
         Уэркъ-Гуащэм, аргуэру сабийр щӏиупскӏэу хуежьэжащ (гущэкъу
         уэрэд жиӏэу, сатырыр иухыху къэскӏэ къэрууэ иӏэмкӏэ сабийр
         игъэсысурэ):


                     «Уи къуэжь цӏыкӏур уэ къэубыди
                     Уи бгъэм кӏэрыубыдэ,
                     Ар ухуеймэ хъуну быдэ,
                     Убэрэжь фӏыдыдэу!


                     Мыкъэжь хъуну ухуэмеймэ
                     Токъмакъыжькӏэ еуэ,
                     Тӏанэ хъунущ къыдэкӏуеймэ
                     Фӏыхэм я нэхъ фӏыуэ!»





         62
   83   84   85   86   87   88   89   90   91   92   93