Page 92 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 92

АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР


























                                   Джэдум жиӏэхэм зыри пыплъхьэ -
                                  фынутэкъыми, Алисэ нэгъуэщӏ бгъэ -
                                  дыхьэкӏэ къыхуигъуэту жери еуп -
                                  щӏащ: «Мыбдежым гъунэгъуу зыгуэ -
                                  рэхэр псэурэ?»
                                   «Мо лъэныкъуэмкӏэ,» и лъапэ
                                  ижьыр ишиящ Джэдум, «Зы Пыӏэщӏ
                                  гуэр мэпсэу. Делэ хъурейщ! Мыдрей
                                  лъэныкъуэмкӏэ,» и лъапэ сэмэгур
                                  ишиящ Джэдум, «Гъатхэпэ Тхьэ -
                                  кӏумэкӏыхь мэпсэу. Ар мы гъатхэпэм
                                  щхьэзэ хъуащ. Узы хуейм и деж
                                  кӏуэ—тӏури зэхуэдэу тэрэзкъым.»
                                   «Сыт сэ зи щхьэ мытэрэзхэм ясщӏэ -
                                  нур?» щӏэупщӏащ пщащэр.
           «Зыри пхуещӏэнукъым,» жиӏащ Джэдум, «мыбдежым псоми я
         щхьэр тэрэзкъым. Сэри, уэри.»
           «Си щхьэр мытэрэзу уэ дэнэ щыпцӏыхурэ?» еупщӏащ Алисэ.
           «Уи щхьэр тэрэзамэ, мыбдежым укъыщыхутэнт?» жиӏащ
         Джэдум.



         66
   87   88   89   90   91   92   93   94   95   96   97