Page 95 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 95

VII E ДЗЫГЪУЭ




              Шейтӏануз Шей Ефэкӏэ






                     нэбгъум щыт жыг щэджащэм и щӏагъым ӏэнэ узэда
             Ущӏэтт. Пыӏэщӏымрэ Гъатхэпэ Тхьэкӏумэкӏыхьымрэ шей
             ефэхэт. Я зэхуакум шэнтым тест Жыгхадэ Жеинэ (кӏэпхъым
             ещхьу зы дзыгъуэ дахащэ цӏыкӏу). Ар быдэу жейт. Пыӏэщӏымрэ
             Тхьэкӏумэкӏыхьымрэ абы, щхьэнтэм хуэдэу, зытрагъэщӏэурэ
             уэршэрт. «Жеинэ тхьэмыщкӏэ,» псом япэ егупсысащ Алисэ, «ямы -
             гъэтынш мыгъуэу къыщӏэкӏынщ ар. Ауэ—къримыдзэу, тыншу
             щыжейкӏэ—губжьрэ гукъанэрэ а тӏум яхуиӏэу къыщӏэ кӏынкъым».
               Ӏэнэ инышхуэм хьэкъущыкъыр тез щхьэкӏэ, нэрыбгищыр
             зэнэтӏауэу ӏэнэ кӏапэм пысхэт. «Тӏысыпӏэ иӏэкъым, иӏэкъым!»
             жари Пыӏэщӏымрэ Тхьэкумэкӏыхьымрэ Алисэ къызэралъагъуу
             къэгуоуахэщ. «Узыхуейм хуэдиз иӏэщ!» къэгубжьри Алисэ адрей
             ӏэнэ лъэныкъуэм деж щыт шэнт нэщӏым тетӏысхьащ.
               «Санэ тӏэкӏу уефэну?» жьы щӏэту къэпсэлъащ Гъатхэпэ Тхьэ -
             кӏумэкӏыхьыр.
               Ауэ Алисэ, зиплъыхьа щхьэкӏэ, зы бащырби зы кумбыгъи ӏэнэм
             тету къилъэгъуакъым. «Слъагъу хъукъым санэ,» жиӏащ пщащэм.
               «Ахьей! Темытыр плъагъуну, ефэкӏуэжь?» пыгуфӏыкӏащ Гъэт -
             хапэ Тхьэкӏумэкӏыхьыр.

                                                                      69
   90   91   92   93   94   95   96   97   98   99   100