Page 98 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 98

АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР


           «Слӏо абы дыхьэшхэну хэплъагъуэр?» къэӏуэщэщащ Пыӏэщӏыр.
         «Уэ уи сыхьэтым илъэсхэр къигъэлъагъуэрэ?»
           «Къигъэлъагъуэкъым,» жыуап иритыжащ Алисэ. «Илъэсыр
         куэд дыдэу зэпышащ!»
           «Сэ си илъэсыр нэхъ кӏагуэкъым, мы нэхъ къуагуэмэ!» арэзы
         къэхъуащ Пыӏэщӏыр.
           Алисэ жиӏэнур ищӏэтэкъым: Пыӏэщӏым жиӏэм зыри къимыкӏ
         щхьэкӏэ, къиупсэлъ псалъэ къэс зыгуэрэ къикӏт. «Къыз -
         гурыӏуащэкъым жыпӏэр,» зыкъиӏуатэжащ Алисэ.
           «Жыгхадэ Жеинэр ирежей,» жиӏэри Пыӏэщӏым, Жеинэм и
         пэнцӏывым шей пщтыр трикӏащ.
           Жеинэм зэгуэпауэ и щхьэр игъэсысри и нэр къызэтримыхыу
         жиӏащ: «Аращ, аращ, сэри ар дыдэр жысӏэну сыхуеящ.»
           «Къэпщӏа къуажыхьыр?» щӏэупщӏащ Пыӏэщӏыр Алисэ зыхуи -
         гъазэурэ.
           «Хьэуэ,» пэжыр жиӏащ Алисэ. «Зыкъызоумысыж. Сыт
         къикӏыр?»
           «Топышэкӏи укъызэуами сымыцӏыху,» Пыӏэщӏми зыкъиумысы -
         жащ.
           «Сэри сщӏэкъым,» къыпидзащ Гъатхэпэ Тхьэкӏумэкӏыхьым.
           Алисэ инышхуэу хэщэтыкӏащ. «Фщӏэн фымыщӏэжмэ,» жиӏащ
         пщащэм, «жэуап зимыӏэ къуэжыхь нэхърэ нэхъыфӏыӏуэ гуэр
         къэвгупсыстэкъэ! Ауэ сытми зэманыр фогъэкӏуэд къудей!»
           «Сэ схуэдэу уэ Зэманыр пщӏатэмэ,» жиӏащ Пыӏэщӏым,
         «игъащӏэми апхуэдэ къызжепӏэнтэкъым. Зэи  ар пхуэ гъэкӏуэ -
         дынукъым! Ар ауэ сытми арму цӏыкӏукъым!»
           «Къызгурыӏуэкъым,» и дамэхэр дришеящ Алисэ.
           «Плъагъурэ!» ӏумпэм къищӏу и щхьэр игъэсысащ Пыӏэщӏым.
         «Уэ зэи абэ уепсэлъауи къыщӏэкӏынкъым!»
           «Семыпсэлъэнкӏи мэхъу,» сакъыурэ жиӏащ Алисэ. «Ауэ сэ
         ӏэджэри зэманым сыпэщӏэхуащ, сыщезэшкӏэ ар зэрызгъэкӏуэным
         сегупсысурэ!»
           «Дэнэ здэбгъэкӏурт?» щӏэупщӏащ Гъатхэпэ Тхьэкӏумэкӏыхьыр.
           «Хьэдрыхьэ,» хьэзырыбзэу жыуап къитыжащ пщащэм.

         72
   93   94   95   96   97   98   99   100   101   102   103