Page 102 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 102
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
«Хъуну къудейт?» жиӏащ Жеинэм. «Я гъэщӏэ псор сымаджэ
мыгъуэу яхьт. Зэшыпхъухэм цӏыхухэр зэреджэр пщӏэрэт? Шы -
кӏуртӏымгъэф тхьэмыщкӏэхэ!»
Алисэ егупсыст, ауэ и щхьэм хунэгъэстэкъым, даурэ шыкӏур -
тӏым гъэварэ фоупсрэ фӏэкӏа умышхыу дунейм узэрытетыныр. Ар
апхуэдизу фӏэгъэщӏэгъуэнти, щӏэупщӏащ: «Ахэр псыкъуийм и
кӏуэцӏым и деж сыт щӏэпсэухэр?
«Иджыри шей ефэ,» жиӏащ Гъатхэпэ Тхьэкӏумэкӏыхьым Алисэ
зыхуригъэзыхри.
«Иджыри?» ижагъуэ хъууэ щӏэупщӏащ пщащэр. «Сэ иджыри
шей сефакъым.»
«Фӏэкӏа ефэжыну хуейкъым шей,» лъэныкъуэкӏэ щыт гуэрым
жриӏэ хуэдэу къэпсэлъащ Гъатхэпэ Тхькӏумэкӏыхьыр.
«Шей фӏэкӏа ефэну хуеижкъым, жыпӏэну упылъу къы -
щӏэкӏынщ,» жиӏащ Пыӏэщӏым, «нэхъыбэу ипфмэ, нэхъыфӏщ,
уемыфа нэхърэ е нэхъ мащӏэ ипф нэхърэ.»
«Уэ зыри къоупщӏакъым,» къэгубжьыпащ Алисэ.
«Убзаджэнумэ къеблагъэ,» пыгуфӏыкӏыурэ жиӏащ Пыӏэщӏым.
Алисэ жиӏэнри ищӏэнри ищӏэтэкъыми тӏысри шей къригъа -
хъуэри щӏакхъуэ такъырым тхъу трицӏэлри, Жеинэм зыкъыхуи -
гъазэри еупщӏащ: «Сытыт ахэр псыкъуий кӏуэцӏым щӏэпсэухэр?»
Жеиныр гупщысэри жиӏащ: «Псыкъуийм фоупс изыбзэу итти.»
«Апхуэдэ псыкъуийм щыӏэкъым,» губжауэ гуоуащ Алисэ, ауэ
Пыӏэщӏымрэ Гъатхэпэ Тхьэкӏумэкӏыхьымрэ я щхьэр ягъэсысащ.
Жеинэр къэгъумэтӏымащ: «Ӏэдэб зыхуомыгъэ лъы нумэ, пщащэ
цӏыкӏу, таурыхъыр уэ нэгъэсыж!»
«Къысхуэгъэгъу,» жиӏащ Алисэ. «Жыӏэ адэкӏэ, зэи узэпызу -
дыжынукъым. Апхуэдэ псыкъуий зы щӏыпӏэ щыӏэнкӏи мэхъу.»
«Зы щӏыпӏэ?!» къилъащ Жеинэр, ауэ дауэ щымытами аразы
хъуащ таурыхъыр адэкӏэ къыпидзэн. «Зэшыпхъуищыр тхъэжу
псэухэт псыкъуийм здисым…»
«Сымаджэхэу жыпӏати?» щӏэупщӏащ Алисэ.
«Сымаджэхэт, ауэ тхъэжхэт!» жиӏащ Жеинэм. «Фоупсым
хэсыр даурэ зэрымытхъэжынур!»
76