Page 97 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 97

Ш Е ЙТӀ А Н У З Ш Е Й Е Ф Э КӀ Э

               «Жысӏагъыхэщ. Сэ сщӏэр сощӏэри, сщӏэр жызоӏэ!» ӏуридзэжащ
             Алисэ.
               «Атӏэ апхуэдэу жыпӏэтэкъэ,» къэгуфӏащ Гъэтхапэ Тхьэкӏумэ -
             кӏыхьыр. «Сыт щыгъуэкӏи узэгупсысыр жыпӏэн хуейщ.»
               «Сэ сыт щыгъуэкӏи аращ сщӏэр,» жиӏащ Алисэ, итӏанэ егуп -
             сысыжри къыпидзащ: «Плъагъурэ, сэ… сэ жысӏам согупсыс…е
             согупсысри жызоӏэ… А тӏури зыкъэ?»
               «Зыкъым!» жиӏащ Тхьэкӏумэкӏыхьым. «„Сэ слъагъур сошх“—
             жыпӏэмэ, «„Сэ сышхыр солъагъу“—жыпӏа хуэдэ?»
               «„Сэ жьы сошэ, сыжеихукӏэ“ е „Сэ сожей, жы сшэхукӏэ“—
             щыжыпӏэкӏэ, зыуэ жыпӏэн къикӏыр,» и нэр къызэтримыхуу
             жиӏащ Жеинэм.
               «Уэ уи дежкӏэ, а тӏури зыщ,» жиӏащ Пыӏэщӏым. Зы дакъикъэкӏэ
             псоми заущэхуу щысащ. Алисэ и гум къигъэкӏыжыну пылът
             къуаргъ лъашэхэмрэ ӏэнэ лъакъуищхэмрэ хищӏыкӏыр.
               Пыӏэщӏыр япэу къэпсэлъащ. «Нобэ сыт хуэдэ махуэ бжы -
             гъэкӏэ?» щӏэупщӏащ ар и жыпым сыхьэт кърихыурэ. Сыхьэтым
             еплъ, игъэсысри и тхьэкӏумэм ӏуилъхьащ.
               Алисэ гупсысэри жиӏащ: «Нэбэ еплӏанэщ.»
               «Махуитӏкӏэ къыкӏэроху!» хэщэтыкӏащ Пыӏэщӏыр. «Бжесӏа тэ -
             къэ: тхъуцӏынэ щыпхуэ хъунукъым—жысӏэри!» губ жьауэ жиӏащ
             Пыӏэщӏым Тхьэкӏумэкӏыхьым зыкъыхуигъазэурэ.
               «Тхъуцӏэнэщӏэщ щысхуар,» пиубыдащ абы Тхьэкӏумэкӏыхьым.
               «Щӏакхъуэ щыкъуэй хэхуауэ къыщӏэкӏынщ,» гъумэтӏымащ
             Пыӏэщӏыр. «Щӏакхъуэ зэрыбза сэмкӏэ щыпхуауэ къыщӏэкӏынщ.»
               Гъатхэпэ Тхьэкӏумэкӏыхьым сыхьэтыр къищтэ, нэщхъейуэ
             еплъри, фалъэм ит шейм хилъхьэ, къыхихыжри аргуэру еплъащ.
             «Уи фӏэщ сощӏ: тхъуцӏынэр щӏэрыпсым я нэхъ щӏэрыпст!» къы -
             тригъэзэжащ Тхьэкӏумэкӏыхьым, нэгъуэщӏ жиӏэн щимы гъуэтым.
               Алисэ фӏэгъэщӏэгъуэну абы и щӏыбымкӏэ къыдэувауэ, фӏэгъэ -
             щӏэгъуэну къыдэплъыкӏт. «Си дыхьэшхын къегъакӏуэ а уи
             сыхьэтым!» жиӏащ Алисэ. «Абы сыхьэткъым къигъэлъагъуэр—
             махуэ бжыгъэрщ!»

                                                                      71
   92   93   94   95   96   97   98   99   100   101   102