Page 99 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 99

Ш Е ЙТӀ А Н У З Ш Е Й Е Ф Э КӀ Э

               «Зэрыӏуппӏэным упылът ара?» щӏэупщӏащ аргуэру Гъэтхэпэ
             Тхьэкӏумэкӏыхьыр.
               «Пэж дыдэр жыпӏащ,» къэгуфӏащ Алисэ.
               «А-а! Апщыгъуэ псори гурыӏуэгъуэщ,» жиӏащ Пыӏэщӏым.
             «Быукӏыну ухуеящ Зэманэр уэ! Абы апхуэдэ игу ири хьыну? Мис
             иджы абырэ уэрэ фызэмышхыдатэмэ, дахэ цӏыкӏуу узыхуеймкӏэ
             уелъэӏунт! Псалъэм папщӏэ, пщэджыжьым сыхьэтыр бгъум—
             еджапӏэ укӏуэн хуейщ, уэ абы уоӏущащэри—й-й-э!—сыхьэтыр
             мажэ!—Й-й-э—сыхьэтыр         тӏум   носри—щэджэгъуаш хэр
             къоблагъэ!»
               («Ар сыту фӏы дыдэт!» хэщэтыкӏри, къэӏущэщащ Тхьэкӏумэ -
             кӏыхьыр.)
               «Атӏэ, ар къызэрымыкӏуэу фӏы дыдэщ,» хэгупсысыхьащ Алисэ,
             «ауэ асыхьэту сымэжалӏэжын къысхудэхуэнущ.»
               «Занщӏэу уи ныбэм щыщӏэнукъым, ауэ зыкъомрэ сыхьэтыр тӏум
             тету пӏыгъмэ—ехьэкӏ имыӏэу, укъэмэжэлӏэнущ.»
               «Фэ ара фщӏар?» еупщӏащ Алисэ.
               Пыӏэщӏым и нэжьгъыр зэхиуфэри и щхьэр игъэ сысащ. «Хьэуэ,»
             жиӏащ абы. «Зэманымрэ сэрэ дызэшхыдащ мис мы (бжэмыш -
             хымкӏэ игъэлъэгъуащ Гъатхэпэ Тхьэкӏумэ кӏы хьым и дежкӏэ)
             тхьэмыщкӏэр мыкхъэмывэ щыхъуа махуэм. Уэлий-Гуащэм
             джэгушхуэ итти, сэри абдежым „Хьэндыр къуакъуэм и уэрэдыр“
             жысӏэн хуейт.


                           „Хьэндыркъуакъуэ-къуакъэ-ду,
                           Дахэ дыдэу удэдийщ!
                            Шэдым дыгъэу укъыхоплъ,
                           Шыдым хуэдэу укъыдоплъ! “»


             Пщӏэрэ уэ а уэрэдыр?»
               «Апхуэдэ гуэр зэхэсхат,» жиӏащ Алисэ.
               «Къедаӏуэ адэкӏэ!

                                                                      73
   94   95   96   97   98   99   100   101   102   103   104