Page 104 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 104

АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР


         мазэ, мэжей, мыӏэрысэ, макӏуэ… Уэ зэгуэрым плъэгъуа „макӏуэр”
         сурэту зэращӏыр?»
           «Дэнэ здэкӏуэр?» щӏэупщӏащ Алисэ.
           «Къыбгурыӏуакъым, здэкӏуэракъым ящӏыр, кӏуэращ,» жэуап
         къритыжащ Жеинэм.
           «Сэ сцӏыхурэ?» къыщӏидзащ Алисэ, « …»
           «УмыЦӏыхумэ уцӏыхукъыми, уи жьэр зэтепӏэ,» зэпиудащ абы и
         псалъэр Пыӏэщӏым.
           Апхуэдэ гурбияныгъэр Алисэ хуэмышэчу, зыри жимыӏэу къы -
         щылъэтри, ежьэжащ. Жеинэр занщӏэу жеижащ, Тхьэкӏумэ -
         кӏыхьымрэ Пыӏэщӏымрэ кърадзакъым, пщащэр ежьэжаи-емы -
         жьэжаи жаӏэу. Езы Алисэ тӏэуи-щэи къызыщӏэувыӏыкӏащ (хуэ -
         мышэчыуи, зэ къызэплъэкӏащ), мыхэр къыскӏэлъыгуоуну пӏэрэ,
         жиӏэу. Аргуру зэ къыщызэплъэкӏыжым, Алисэ къилъэгъуащ
         Пыӏэщӏымрэ Тхьэкӏумэкӏыхьымрэ Жеинэр къаубыдауэ шейны -
         чым зэрыракудэр.
































         78
   99   100   101   102   103   104   105   106   107   108   109