Page 109 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 109
У Э Л И Й У А Д Э Л А КЪ Э
Уэлий-Гуащэр занщӏэу къэуфӏыцӏщ, емылыдж хьэкӏэкхъуэкӏэм
хуэдэу и нэхэмкӏэ къыхуилъри, и макъым къызэрихькӏэ кӏиящ:
«И щхьэр пывупщӏ! Пывупщӏ…»
«Делагъэ!» жиӏащ Алисэ и макъыр утӏыпщыпауэ трикъузэу.
Уэлий-Гуащэм и жьэр ӏумпӏей хъури зэтрипӏэжащ.
Пщы-Уэлийм и щхьэгъусэм и ӏэр хуишийри щабэу жиӏащ:
«Хъунщ, тӏасэ! Ар иджыри сабий дыдэщ!»
Уэлий-Гуащэм, губжьауэ, и щӏыбыр абы къыхуигъазэри,
Щауэм жриӏащ: «Къызэпыгъазэт ахэр!»
Щауэм, хуэсакъыурэ, лъапэкӏэ хадэзехьэхэр зэригъэзэкӏащ.
«Фызэфӏэувэт!» ятегуоуащ мафӏэ ишхыу хадэзехьэхэм Уэлий-
Гуащэр. Хадэзехьэхэр къыщылъэтри щхьэщэ хуащӏу щадзащ
83