Page 114 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 114
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
«Мы Джэдур мыбдежым ӏухын хуейщ,» жиӏари Пщы-Уэлийм,
Уэлий-Гуащэр блэкӏыу къыщилъагъум егуоуащ: «Уэ, Тӏасэ,
унафэ яхуэщӏт мы Джэдур мыбдежым ӏуахыну!»
Уэлий-Гуащэм псоми зы ӏэмал яхуиӏэрт: «И щхьэр пывуд!»
къэгуоужащ ар къэмыплъэу.
«Сэр-сэру иджыпсту щхьэпыупщӏыр къэсшэнщ!» жери Пщы-
Уэлийр гуфӏэпсыжу щӏэпхъуащ.
Жыжьэу ӏукӏа Уэлий-Гуащэм и кӏий макъыр Алисэ щызэ хи -
хым, абыкӏэ къэхъуам еплъыну кӏуащ. Уэлий-Гуащэм джэгуа -
кӏуищ гуэрым я щхьэр паудын хуейуэ унафэ къихьат, я чэзур
зэрыблагъэкӏам щхьэкӏэ. А псори Алисэ игу ирихьтэкъым: чэзу
щыгъэтыжауэ зы унафи, зы хабзи джэгум хэлътэкъым, джэгу -
хэри къыбгурыӏуэнутэкъым. Алисэ зиплъыхьри, къигъэзэжащ и
цыжьбынэр къилъыхъуурэ.
Гъунэгъу щыхъум, Алисэ къилъэгъуащ цыжьбанитӏ ӏэштӏым
къихакӏэ зэзауэу—нэхъри нэхъ гъунэгъуу щекӏуалӏэм зы цыжь -
банэр езым ейуэ къыщӏэкӏащ. Алисэ лъэпцӏэплъымкӏэ дэгъуэу
абыхэм яхэуэну гукъыдэж иӏэт, ауэ лъэпцӏэплъри щыӏэжтэкъым.
Зиплъы хьри къилъэгъуащ ар, хузэфӏэмыкӏ пэтми, адрей хадэкӏэм
ит жыгым дэпщеину пылът. Ерагъыу ар къиубыдыжу къихьыжы -
хукӏэ, зэзэуэн яухри, цыжьбанэхэр зэбгырыкӏыжащ.
«Хуитщ.» егупсысащ Алисэ, «Тӏум щыгъуэкӏи гъуэхэри зэбгы -
рыкӏыжащ. Аргуэру щӏэмыпхъуэжын щхьэкӏэ Алисэ и блэгущӏэм
лъэпцӏэплъыр щӏилъхьэри Джэдум и деж къигъэзэжащ, тӏэкӏу
иджыри епсэлъэн и мураду.
Джэдум и щхьэр здэбыб щӏыпӏэм и деж гупышхуэ къызэхуэсауэ
къилъэгъуащ Алисэ. Щхьэпыупщӏыр, Пщы-Уэлийр, Уэлий-
Гуащэр. Ахэм ӏэ ящӏурэ, зэшхыдэхэт, зым жиӏэм адрейр емыдэӏуу.
Я хъуреягъым щытхэр укӏытэгъуэм хидзауэ заущэхут.
Алисэ къыщалъагъуэм къыбгъэдэлъахэщ, щхьэж ар учэл
ищӏыну и мураду, ауэ, псори зэгъусэу зэрыпсалъэм къыхэкӏкӏэ,
пщащэм зыри къыгурыӏуакъым.
88