Page 110 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 110
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
Пщы-Уэлийм, Уэлий-Гуащэм, абыхэм я бынхэм, адэкӏэ—адрей
псоми.
«Зэ щывгъэтыжынумэ фыувыӏэж!» къикӏиящ Уэлий-Гуащэр.
«Фи щхьэщэм си щхьэр игъэунэзащ!» Удз гъэгъа ӏэрамэм абы и
нэр щыфӏэнэм щӏэупщӏащ: «Сыт фэ мыбдэжым фщӏатэр?»
«Уэ зиусхьэн Уэлий-Гуащэ, къытхуэгъэгъу,» жиӏащ Тӏум, зы
лъэгуанжьэкӏэ уври, «дэ дыхуеящ…»
«Гурыӏуэгъуэщ!» жиӏащ Уэлий-Гуащэм, удз гъэгъахэр зэпип -
лъыхьа нэужь. «Я щхьэр пывуд!» Гупыр ежьэжащ. Ауэ зауэ -
кӏуищ къакӏэрыхуащ, Уэлий-Гуащэм и унафэр ягъэзэщӏэн пап -
щӏэ. Хадэзехьэхэм жэрыгъэкӏэ Алисэ зрадзащ, дыкъегъэл жари.
«Фымышынэ!» жиӏащ пщащэм. «Зыми фигу хезгъэгъэщӏы -
нукъым!» Къищтэхэри, удз гъэгъа зэрагъэувэ кхъуэщыным ахэр
ириӏуащ. Зауэлӏхэм хъуреягъыр къызэхакӏухьри, мохэр щамы -
гъуэтым, ежьэжащ.
«Атӏэ, пывупщӏа я щхьэр?» къэгуоуащ ахэр къыщилъагъум
Уэлий-Гуащэр.
«Я щхьэхэр кӏуэдащ, зиусхьэн,» зэдэхъуу жыуап къатыжащ
абыхэм.
«Дэгъуэ дыдэщ!» къэгуфӏащ Уэлий-Гуащэр. «Дыджэгунщ иджы
уадэлакъэ!»
Зауэлӏхэр Алисэ зым хуэдэу еплъащ: арауэ къыщӏэкӏынт
Уэлий-Гуащэм и псалъэхэр зыхуэгъэзар.
«Дыгъэджэгу!» пэджэжащ пщащэр.
«Апщыгъуэ накӏуэ!» къэкъуанлъэу къызжьэдидзащ Уэлий-
Гуащэм. Алисэ хьэщӏэ гупым яхыхьащ, адэкӏэ ищӏэн хуейм и
щхьэр нэмысурэ.
«Нобэ сыту уэфӏ, пэжкъэ?» зыгурым тримыкъузащэу зыкъы -
хуигъэзащ пщащэм. Алисэ и щхьэр къыщиӏэтым нэкӏэ ӏууащ
зызыпӏытӏ-зызыхузу, гузавэу къыбгъэдэту кӏуэ Тхьэкӏумэкӏыхь
Хужьым.
«Пэжщ, хьэуар зыщӏэлъэӏум хуэдэщ,» еувэлӏащ Алисэ. «Дэнэ
щыӏэ Уэркъ-Гуащэр?»
84