Page 111 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 111
У Э Л И Й У А Д Э Л А КЪ Э
«С-с-с,» щӏэфиикӏащ Тхьэкӏумэкӏыхьыр, гузавэу зиплъыхьурэ.
Лъапэпцӏийуэ уври и тхьэкӏумэ дыдэм къиӏущэщащ: «Ар фӏалъэну
унафэ къахьащ.»
«Сытым щхьэкӏэ?» щӏэупщӏащ Алисэ.
«Сыту щхьэкӏуэ, жыпӏа?» къеупщӏыжащ Тхьэкӏумэкӏыхьыр.
«Жысӏакъым икӏи,» пэуващ пщащэр. «Абы си гур щӏэгъу -
щэкъым. Ауэ сэ: „Сытым щхьэкӏэ“, жысӏар.»
«Абы Уэлий-Гуащэм и напафэр хущӏиудащ,» щыжиӏэм Тхьэ -
кӏумэкӏыхьым, Алисэ къыщитхъащ. «Щэхуу!» къэшынащ Тхьэ -
кӏумэкӏыхьыр. «Уэлий-Гуащэм дызэхихмэ, аращ дызэрыхъур.»
хъыбарыр къиӏуатэу щӏидзащ Тхьэкӏумэкӏыхьым «Плъагъурэ,
Уэркъ-Гуащэр къыщыкӏэрыхум, Уэлий-Гуащэм жиӏащ…»
«Псори фи пӏэхэм фиувэж!» къэгъуэхъуащ Уэлий-Гуащэр,
уадэлакъэ джэгухэм зэхахын щхьэкӏэ. Псоми зрачри щӏэпхъуащ
зыр зым ириудыжурэ, ауэ дакъикъи текӏатэкъым, джэгум хэту
хъуам я щытыпӏэхэр щаубыдам. Джэгур щӏидзащ.
Алисэ и гъащӏэ псом илъэгъуатэкъым апхуэдэ уадэлакъэ джэ -
гупӏэ къиуда-ниуда. Топхэр цыжьбанэт, уадэхэр лъэпцӏэплът,
гъуэхэр зауэлӏт—ахэр лъэмыж цӏыкӏуу увти, джэгур иухыхукӏэ
апхуэдэу щытт.
Джэгун щыщӏидзэм Алисэ и лъэпцӏэплъым ӏэмал къыхуи -
мыгъуэтыфурэ бэлыхь тригъэлъащ: бзум и лъакъуэр дэгъэзеяуэ
и блэгущӏэм щӏиубыдэн хузэфӏэкӏащ (и лъакъуэхэр пщащэм и
щӏыбымкӏэ елэлэхт), ауэ и пщэр захуэ ищӏыу, топым еуэну
зытригъэпсыхьа къудейуэ, лъэпцӏэплъым и щхьэр къиӏэтти,
фӏэгъэщӏэгъуэну пщащэм и нэм къыщӏэплъэт. Апщӏондэхункӏэ
Алисэ, и дыхьэшхэн къакӏуэти, кыщиудт. Аргуэру бзум и пщэр
игъэшыжыхукӏэ, цыжьбанэр къыщылъэтти и нэр здэплъэмкӏэ
жэт. А псом фӏэкӏыжауэ, псэущхьэ цӏыкӏур здидзынумкӏэ е
къандзэгу е вагъэмбэкъу щытт, зэуэлӏ зэфӏэгъэщӏахэри ӏэуэлъауэу
къажыхьт. Сытми уадэлакъэ джэгур пщащэм къызэрымыкӏуэу
гугъуехь зыхэлъ джэгукӏэу къыщыхъуащ.
Джэгум хэтхэр, я чэзум емыжьэу, цыжьбынэ къыпэщӏэхуэм
еуэт, цӏыжьбанэхэр щахуримыкъукӏэ—зэзауэт, зэпщэфыӏэт.
85