Page 113 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 113

У Э Л И Й У А Д Э Л А КЪ Э

             дакъикъэкӏэ Джэдум и щхьэ псор къыхэщащ хьэуам. Алисэ
             лъэпцӏэплър, игъэувыжри, къыщыщӏауэ хъуар къиӏуэтэжащ, псэ -
             лъэгъу къызэригъуэтамкӏэ гуфӏэжурэ. Джэдум и щхьэ закъуэр
             къигъэлъагъуэри, адрей и ӏэпкълъэпкъыр къыхигъэщакъым
             хьэуам.
               «Мыхэр тэрэзу джэгу къысфӏэщӏкъым,» жиӏащ Алисэ, «зы
             пэжыгъэ щыӏэкъым, псори зэщӏогуауэ, уи макъ зэхомыхыжу. Зы
             хабзи щыӏэкъым, щыӏэри зыми къридзэкъым. Ӏэмэпсымэ узэры -
             джэгухэм псэ яӏутщ, абы къыхэкӏкӏэ хьэлъэ дыдэщ уджэгуну.
             Псалъэм папщӏэ, гъуэ сызэрыкӏын хуейм зыкъеӏэтри, и щхьэ
             ӏуэху зэрихуэу йожьэж. Уэлий-Гуащэм и топыр иджыпсту ӏусху -
             жынут, ауэ и цыжьбанэм сысейр къыщилъагъум, жэрыгъэкӏэ
             щӏэпхъуэжащ!»
               «Даурэ къыпщыхъуа Уэлий-Гуащэр?» щӏэупщӏащ Джэдур
             щэхуу.
               «Узижагъуэм и махуэщ!» жиӏащ Алисэ. «Ар апхуэдэу…» Абде -
             жым Алисэ нэбгъузкӏэ къилъэгъуащ и щӏыбым Уэлий-Гуащэр
             къыдэувауэ къызэрыкӏэщӏэдаӏуэр. «… ар зыуэ дыгъуэу мэджэ -
             гури,» къыжьэдэлъэлъащ Алисэ, «занщӏэу уи ӏэр ӏэти кӏэрыкӏыж.»
               Уэлий-Гуащэр къэгуфӏэри укӏыжащ.
               «Хэт узэпсалъэр?» фӏэгъэщӏэгъуэну щӏэупщӏащ пщащэм Пщы-
             Уэлий къыбгъэдыхьар, Джэдум и щхьэр зэпиплъыхьурэ.
               «Нэӏуасэ пхуэсщӏыну сыхуейщ» жиӏащ Алисэ, «мыр си
             ныбжьэгъу Чэщей Джэдущ.»
               «Ар ауэми сигу ирихькъым,» жиӏащ Пщы-Уэлийм. «Ауэ хуит
             сощӏ си ӏэм ба къыхуищӏыну, хуеймэ.»
               «Ауэми сыхуейкъым,» жиӏащ Джэдум.
               «Апхуэдэу, дыджу, укъэзэмыпсалъэ,» къэгубжьащ Пщы-
             Уэлийр. «Икӏи нэ ӏейкӏэ укъызэмыплъ, зы щхьэкӏэ ухагъэщӏыну
             ухуэмеймэ.» Ар жиӏэри Пщы-Уэлийм Алисэ и щӏыбагъэм зыщи -
             гъэпщкӏуащ.
               «Джэдухэр Пщыхэм зэрыхуейуэ йоплъ,» жиӏащ Алисэ. «Сэ ар
             зы щӏыпӏэ къизджыкӏащ, ауэ сыщӏэжкъым къыздизджыкӏар.»

                                                                      87
   108   109   110   111   112   113   114   115   116   117   118