Page 117 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 117
IX E ДЗЫГЪУЭ
Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым
и Псысэ Дыдж
и дуней нэху, уи фӏэщ хъурэ, зыуэ согуфӏэри узэрыс -
«Слъагъум щхьэкӏэ,» гургурурэ жиӏэри Уэркъ-Гуащэм, Алисэ
и блыпкъыр къиубыдри лъэныкъуэкӏэ ӏуишащ.
Алисэ игъэщӏэгъуащ Уэркъ-Гуащэм гукъыдэж зэриӏэр. «Япэу
щыслъэгъуам шыбжий дыджым и щхьэр зэӏигъыхьауэ къыщӏэ -
кӏынт, иджы тэрэз хъужа хуэдэщ,» еугупсысащ ар.
«Сэ Уэркъ-Гуащэ сыщыхъум деж,» и щхьэм щэхуу хужиӏащ
пщащэм (пэжу, гугъэшхуэ хэмылъу), «си пщафӏапӏэм зы шыбжий
кӏапи щыӏэнукъым. Хьэнтхъупсыр, ар хуомылъхьэми, ӏэфӏщ!
Шыбжий ену зышхыр цӏыху задэ хъууэ къыщӏэкӏынщ… Сыр
зышхыр езыри сыр мэхъу,» ӏущащэурэ пидзащ Алисэ, «фо
зышхыр—ӏэфӏ мэхъу, тхъу зышхыр—мэтхъэж. Уи жагъуэ
зэрыхъунщи, ар зыми ищӏэкъым… Ауэ ар ящӏатэмэ, псори зан -
щӏэу гурыӏуэгъуэ хъунут. Тхъу шхыи, уи ныбэ изу тхъэж!» (А
гупсысэр къызэрымыкӏуэ гупсысэшхуэу игъэуври, и щхьэр абы
зэрынэсам къыхэкӏкӏэ, Алисэ къэгуфӏащ ирипэгэкӏыу.)
91