Page 116 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 116

АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР


           «Джэдур Уэркъ-Гуащэм ейщи, абы фечэнджэщ,» жиӏащ Алисэ,
         нэгъуэщӏ жиӏэн щимыгъуэтым.
           «Ар хьэпсэм щӏэсщ,» жиӏэри Уэлий-Гуащэм Щхьэпыупщӏым
         зыхуигъэзащ: «Мыдэ ар къашэт!»
           Щхьэпыупщӏыр лъэпэрапэурэ Уэлий-Гуащэм и унафэр
         игъэзэщӏэну щыщӏэпхъуэм, Джэдур хуэм-хуэмурэ хьэуам хэт -
         кӏухьыжын щӏидзащ. Уэркъ-Гуащэр къыщашам, Джэдум и
         щхьэр щыӏэжтэкъым. Абы лъыхъуэу Пщы-Уэлиймрэ Щхьэпыуп -
         щӏымрэ щхьэзэ хъуауэ уадэлакъэ джэгупӏэм къыщажыхьт…
         Щыбаяужхэм, хьэщӏэхэм джэгун щӏадзэжащ.













































         90
   111   112   113   114   115   116   117   118   119   120   121