Page 118 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 118
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
Алисэ Уэркъ-Гуащэр зэригъусэр щыгъуэпщэжыпати и тхьэкӏу -
мэм ар къыщиӏущащэм, къэщтащ: «Плъагъурэ, дахэ цӏыкӏу, ухэ -
гупсысыхьри, зы псалъи къыбжьэдэкӏыжкъым. Абы къикӏыр
сыт?... Къикӏыр сцӏыхужкъым, зы тӏэкӏу текӏмэ, къэсщӏэжынущ.»
«Зыри къимыкӏмэ-щэ?» жиӏащ.
«Ар даурэ?» идакъым Уэркъ-Гуащэм. «Зэрылъым зыгур къокӏ,
зэрымылъым къикӏкъым. Ауэ къикӏыр къэбгъуэту къипхыфын
хуейщ.»
Ар жиӏэри зыкъришэкӏащ Уэркъ-Гуащэм Алисэ. Пэжу жытӏэн -
щи, ар пщащэм игу ауэми ирихьакъым: Уэркъ-Гуащэр ӏеижь
дыдэт, и жьэпкъыр Алисэ и дамэм къынэст. Икӏи и жьэпкъыр
92