Page 122 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 122
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
«Сыту дэгъуэ!» къэгуфӏащ Алисэ. (Ар гугъумыгъум ихьт, укӏ
къызэрытралъхьхэм щхьэкӏэ.)
Зы тӏэкӏу текӏауэ къалъэгъуащ абыхэм Аслъэн-Бгъэжь дыгъэ
жьэражьэм хэсу. (Аслъэн-Бгъэжь жыхуаӏэр зэи фымылъэгъуамэ
феплъ сурэтым.) «Къэушт, ӏуэхуншэ,» жриӏащ абы Уэлий-Гуа -
щэм, «мы пщащэр шылъэгу шкӏащхьэ Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым
хуэшэ. Абы и псысэр къыхуреӏуатэ. Сэ згъэзэжын хуейщ: укӏ
зыгуэрхэм ятеслъхьащи, зэрагъэзащӏэм сыкӏэлъыплъын хуейщ.»
Уэлий-Гуащэр ежьэжащ Алисэрэ Аслъэн-Бгъэжьымрэ къызэ -
хуигъанэри. Аслъэн-Бгъэжьыр пщащэм игу ирихьыщэтэкъым,
ауэ, дауэ щымытами, абы уригъусэну нэхъ шынагъуэншэт Уэлий-
Гуащэм нэхърэ.
«Дыхьэшхэнкъэ ар!» ӏущащэурэ жиӏащ Аслъэн-Бгъэжьым, и
щхьэ хуэпсалъэрэ е Алисэ епсалъэрэ къыбгурымыӏуэу.
«Дыхьэшхэн жыпӏа?» ӏэнкун хъуауэ щӏэупщӏащ пщащэр.
«Ар дыдэщ,» къитыщ жыуап Аслъэн-Бгъэжьым. «Къамыгуп -
сысын щыӏэкъым. Укӏ теслъхьа, жи! Ищӏэн ищӏэжкъым. Игъа -
щӏэм апхуэдэ мыбдежым щыӏакъым. Икӏи щыӏэнукъым. Мэджэ -
гухэ! Накӏуэ!»
96