Page 124 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 124
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
«Къызгурыӏуакъым,» жиӏащ Алисэ. «Хыкъуэмэ ар, сыт Джейкӏэ
фыщӏеджэр?»
«Джейкӏэ абы дыщӏеджэр бзэДжейти аращ,» губжьыжауэ
жиӏащ Хьэдэпщымыӏу Нэпцӏым. «Сыту уакъмыкъ уэ пщащэр!»
«Уукӏытэкъэ, апхуэдэ къызэрыгуэкӏ еплъыкӏэм ущӏэупщӏэныр
емыкӏущ,» зигъэӏущыурэ диӏыгъащ Хьэдэпщэмыӏум Аслъэн-Бгъэ -
жьым. Тӏуми заущэхури, нэкӏэ къепыджахэщ пщащэ тхьэмыщ -
кӏэм. Алисэ кӏуцӏрыхуамэ нэхъ къыхихынт. Ауэ, икӏэм икӏэжым,
Аслъэн-Бгъэжьыр Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым зыхуигъазэри жиӏащ:
«Еужьэрэкӏ, къуэшыжь, махуэ псом мыбдежьым дыщумыгъэ -
сынумэ!»
98