Page 125 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 125

Х Ь Э Д Э ПЩ Э М Ы Ӏ У Н Э ПЦӀ Ы М  И П С Ы С Э Д Ы ДЖ

               Хьэдэп щэмыӏу Нэпцӏым къыпидзащ: «Дэ хышхуэм и щӏагъ
             дыдэм щӏэт еджапӏэм дыщрагъэджащ, уи фӏэщ мыхъу щхьэкӏэ… »
               «Си фӏэщ хъуи, мыхъууи жысӏакъым,» къэгузэващ пщащэр.
               «Жыпӏащ!» хуидакъым Хьэдэп щэмыӏу Нэпцӏым.
               «Поумыубыдыт!» къытегуоуащ Аслъэн-Бгъэжьыр. Ауэ Алисэ
             пиубыдыну ауи и мурадтэкъым.
               «Дэ абы щӏэныгъэ гъэщӏэгъуэн къыщӏэтхащ,» жиӏащ Хьэдэп -
             щэмыӏу Нэпцӏым. «Ахьейми къыщӏэпхынт, махуэ къэс еджапӏэм
             ущыкӏуэкӏэ.»
               «Сэри махуэ къэс еджапӏэ сыкӏуэт,» жиӏащ Алисэ. «Гъэщӏэ -
             гъуэн пари абы хэслъагъуэкъым.»
               «Дерс егъэлеяхэм фэ фрагъэджа?» щӏэпщӏащ Хьэдэп щэмыӏу
             Нэпцӏыр къэгуза  вэри.
               «Ахьейми драгъэджа!» иритыжащ Алисэ жыуап. «Макъамэмрэ
             франджыбзэмрэ дыхурагъэджащ.»
               «Жьыщӏэным фыхурагъэсэ?» жэрыгъэу упщӏэ аргуэру иритащ
             пщащэм Хьэдэп щэмыӏу Нэпцӏым.
               «Хьэуэ, сымыгъуэ,» къэгубжьащ Алисэ (ар зыми иримыгъэса
             пэтми жъыщӏэфт).
               «Апщыгъуэ фи еджапӏэр щӏагъуэтэкъым,» къэгуфӏэжащ Хьэдэп -
             щэмыӏу Нэпцӏыр, «ди деж еджэныпщӏэм щӏигъуу патхэт: „Фран -
             джыбзэмрэ, макъамэ дерсымрэ, жьыщӏэ егъасэ дерсымрэ—щхьэ -
             хуэу“,» жэуэ.
               «Сытыт жьыщӏэным фыщӏыхурагъэсэр?» щӏэупщӏащ Алисэ.
             «Псым фыхэсу, тенджыз щӏагъым фыщыпсэутэкъэ?»
               «Сэ тӏум щыгъуэкӏи жьыщӏэн дерсхэм сыхурагъэджакъым,» и
             нэпсхэр къызэпижыхьащ Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым. «Си жып
             тхьэмыщкӏэм апхуэдиз хуэлъэфтэкъым. Сызыхурагъаджар узы -
             хуэныкъуэну дерс нэхъыщхьэ закъуэхэращ.»
               «Ар сыт хуэдэ дерсхэ?» еупщӏащ Алисэ.
               «Псом япэ, хабзэ зэрыхъуауэ,—Къепсын-Непсын,» жиӏащ
             Хьэдэпщымыӏу Нэпцӏым, «абы къыкӏэлъыкӏуэу Хьэсэпэхъумэ
             дерсхэм къриубыдэу: Хэхун, Зыхэлъхьэн, Хэбэгъуэн, Яхуэгуэ -
             шыжын.»

                                                                      99
   120   121   122   123   124   125   126   127   128   129   130