Page 129 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 129
Е Л Ы РКЪ Э Ш Ы М И У ДЖ П Ы Х У
«Хьейнапэу псори,» къыщӏидзащ Аслъэн-Бгъэжьым.
«Хьейнапэу?» щӏэупщӏащ пщащэр.
Аслъэн-Бгъэжьыр пщащэм гужь хуиӏэ хуэдэу къеплъри
къытригъэзэжащ, «Нэхъапэу псори хы тафэм и деж зэбгъурыту
къоуври…»
«Сатыритӏу!» къыхэгуоуащ Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏыр. «Хыкъуэ -
хэр, псы дзыгъуэхэр, блашэхэр, аргъуейхэр, хы шылъэгухэр,
хьэмпӏытӏхэр, къултухэр, псыутххэр, адрейхэри ягъусэжу. Хы
ӏуфэм, хытхъурыбхэр, зэран мыхъун щхьэкӏэ, къыхагъэкъэб -
зыкӏа нэужь…»
«Ар ӏуэху цӏыкӏукъым,» къыхигъэуващ Аслъэн-Бгъэжьым.
«…япэу лъэбакъуитӏ уоч гупэмкӏэ…» къыпидзащ Хьэдэш -
хьэмыӏу Нэпцӏым.
«Елыркъэшым и ӏэ цӏыкӏур къыбоубыд!» къэгуоуащ Аслъэн-
Бгъэжьыр.
«Упсэу,» жиӏащ Хьэдэпщымыӏу Нэпцӏым. «Тӏурытӏурэ тӏо
уобакъуэ, зыкъыбогъазэри, уи гъусэм зытыбодзэ…»
«…елъыркъэшыр бохъуэжри—узэрыкӏуам хуэдэу къыбогъэ -
зэж,» къыхигъэуващ Аслъэн-Бгъэжьым.
«Итӏанэ,» пищащ Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым, «хэфӏыбодзэ…»
«Елыркъэшыр!» къэгуоуащ Аслъэн-Бгъэжьыр дэпкӏеурэ.
«…тенджызым, уи къарум къызэрихькӏэ богъэфтрейри, хыбо -
дзэ…»
«Зыхыбодзэри Елыркъэшым укӏэлъоуэ!» гуфӏэжурэ къыхэгуоу -
кӏащ аргуэру Аслъэн-Бгъэжьыр.
«Псым зыхыбогъэджэрэзыхь!» жиӏэри Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым,
шэрхъыу зигъэджэрэзащ.
«Аргуэру Елыркъэшыр уохъуэж!» и макъым къызэрихькӏэ
къэгуоуащ Аслъэн-Бгъэжьыр.
«Итӏанэ тафэм къыбогъэзэж!... Аращ зэрыхъур уджым и япэрей
ӏыхьэр,» жиӏащ Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым и псэр пысысыхьыурэ.
Иджыпсту гуфӏэжу дэлъея-дэпкӏея зэныбжьэгъуитӏыр, епэзэзэх -
хэри, нэщхъеибзэу Алисэ къеплъащ.
«Ар удж дахэ дыдэу къыщӏэкӏынщ,» тэучэлыншэу жиӏащ Алисэ.
103