Page 132 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 132
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
«Атӏэ,» жиӏащ Алисэ. «Зэзэмызэ слъагъут щэджэгъуаш…»
Алисэ жиӏам щышынэжри зиущэхужащ, ауэ Хьэдэпщэмыӏу
Нэпцӏым зыуи къридзакъым.
«Щэджагъуэкӏэ ар фи хьэщӏэу щыщытакӏэ,» жиӏащ абы,
«дэгъуэу фызэрыцӏыхуу къыщӏэкӏынщ. Икӏи и фэкӏэ ар зыми
хэбгъэгъуэщӏэнукъым, аракъэ?»
«Зи, дахэ дыдэт, икӏэр и жьэм жьэдэлъу, щӏакхъуэ щыкъуей
гъэгъуа теудэжауэ, шати текӏэжауэ…»
«Щӏакхъуэ щыкъуей гъэгъуамрэ шатэмрэ я цӏэкӏэ ущоуэ
хьэлъэу,» жиӏищ Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏым, «ахэр псым тӏум
щыгъуэкӏи трилъэсыкӏыжынут. Ауэ Хьэмпӏытӏр дахэщ—абыкӏэ
упэжщ!» Мыбдежым Хьэдэпщэмыӏу Нэпцӏыр хэщэтыкӏри—
«Къыгурыгъаӏуэт мыбы,» жери, и нэхэр зэтрипӏащ.
«Плъагъурэ,» жиӏащ Аслъэн-Бгъэжьым, «Хьэмпӏытӏым фӏы
дыдэу елъагъу Елыркъэшхэм къадэфэну. Елыркъэшхэм сыт
щыгъуэкӏи япэ зрагъэщри ахэр псым хадзэным ипэ къихуэу
япӏыт. Яхуз къагъэфэхукӏи, хым щыхафӏадзэкӏи. Хьэмпӏытӏым
хьэмпӏыт зэрицӏэм щхьэкӏэ абыхэм хьэмпӏытыр япӏытӏын хуейуэ
къащохъу.»
«Упсэу,» жиӏащ Алисэ. «Апхуэдэ гъэщӏэгъуэнхэр иджырэ къыс
сыщӏакъым.»
«Ухуеймэ,» жиӏащ Аслъэн-Бгъэжьым, «сэ апхуэдэ аджи Хьэм -
пӏытӏхэм щхьэкӏэ къыпхуэсӏуэтэжыфынущ. Хьэмпӏытӏым хьэм -
пӏытӏ щӏыфӏащар пщӏэрэ уэ?»
«Зэхэсхакъым зэи,» жиӏащ пщащэм. «Сыт щӏыфӏащар?»
«Хьэмпӏытӏхэр пасэрей зэманым псым хэсакъым.»
«Лъатэхэрэт?» щӏэупщӏащ Алисэ фӏэгъэщӏэгъуэну.
«Хьэуэ,» жиӏащ Аслъэн-Бгъэжьым, «ахэр тафэм тест. Апщы -
гъуэм ахэр псэущхьэ мытӏырт. Зы махуэ гуэрым зы хьэ бдзэ -
жьеящэ къэкӏуащ, абы хьэмпӏытӏ къийбыдри щӏэпхъуэжащ. Ауэ
адрей хьэмпӏытхэр абы лъэщӏыхьэри яубэрэжьри къытрахыжащ.
Хьэхэм ар ядэнут? Зыр зым кӏэлъокӏуэ жэуэ, зауэм хыхьахэщ.
Икӏэм икӏэжым хьэхэр текӏуащ. Сытми аращи: Хьэмпӏытӏым
106