Page 135 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 135
Е Л Ы РКЪ Э Ш Ы М И У ДЖ П Ы Х У
быдэу и ӏитӏымкӏэ фӏикъузыкӏащ. Пщащэм ауи и фӏэщ хъужтэ -
къым зэгуэрэм зэрыщытауэ хъужыну.
«Къеджэ адэкӏэ,» жиӏащ Аслъэн-Бгъэжьым, «„Жыг хадэм и
деж, сэ си ниткӏэ слъэгъуащ…“ псалъэхэмкӏэ къыщӏэдзэ усэр.»
Алисэ усэ тэрэз къэзэремыджэфым игъэшынэжауэ и макъыр
кӏэзызу усэм къеджэн къыщӏидзащ:
«Жыг хадэм и деж, сэ си ниткӏэ слъэгъуащ,
Джэдумрэ Жьындумрэ хьэтыкъ ягуэшащ.
Зэрыхьэтыкъыу Джэдум ипхъуэтащ,
Къэна тепщэч нэщӏыр жьындум къылъысащ.
109