Page 138 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 138

XI E ДЗЫГЪУЭ




               Xэт Хьэлыгъуанэр



                       Зыдыгъуар?





                ыщэ плъыжьыфэ дарийкӏэ хуэпахэ Пщы-Уэлиймрэ
         ДУэлий-Гуащэмрэ тэхътэм тест, адрей псоми: кузыр
         жыпӏэми, псэущхьэ жыпӏэми, хьэкӏэкхъуэкӏэ жыпӏэми—я хъу -
         реягъыр къауфэрэзыхьт. Зауэлӏитӏым яку дэту тэхътэм и пащхьэм
         итт, гъущӏ лахъэ телъу, Дыщэ Щауэр. Тэхътэм бгъэдэтт Тхьэ -
         кӏумэкӏыхь Хужьыр; ӏэ лъэныкъуэмкӏэ жыжьаплъэ бжьамийр
         иӏыгът, адреймкӏэ—тхьылъ шыхьа ӏэщӏэлът. Утыкум ӏэнэшхуэ
         итт, ӏэнэм лагъэшхуэ тетт. Абы хьэлыгъуанэ гурыхь илъхэм
         узыӏэпашэт. «Зэ моуэ хеящӏэр яухыу,» егупсысащ Алисэ, «ӏэнэм
         драгъэблэгъащэрэт». Ауэ гугъэшхуэ абы хэлътэкъыми, пщащэм,
         зэманыр нэхъ псынщӏэу игъэкӏуэн щхьэкӏэ, и хъуреягъым
         зиплъыхьу щӏидзащ.
           Алисэ зэи хьэкумэщым щыӏатэкъым, абы теухуа тхылхэм еджа
         пэтми. Икӏи фӏэфӏт мыбдежым илъагъуу хъуам зэрыщыгъуазэр.
         «Мес хьэкумэщӏри,» щхьэхуэпсалъэурэ жиӏащ абы. «Щхьэм
         щхьэц нэпцӏ щыфӏэлъкӏэ, хьэкумэщӏщ.»

         112
   133   134   135   136   137   138   139   140   141   142   143