Page 139 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 139
X Э Т Х Ь Э Л Ы ГЪ УА Н Э Р З Ы Д Ы ГЪ УА Р?
Хьэкумэщӏыр езы Пщы-Уэлийрат, абы и дыщэ уэрдыхъур
щхьэц нэпцӏым тригъэтӏысхьэн къыхудэхуати и гур зэтестэкъым
(къемызэгъуу илъытэти).
«Мор телъхьэлӏхэм я тӏысыпӏэщ,» егупсысащ Алисэ. «Мо хьэкӏэ -
кхъуэкӏэ пщыкӏутӏыр (къыхудэхуащ апхуэдэу жиӏэн—щысу
хъуар хьэкӏэкхъуэкӏэхэти) телъхьэлӏхэрауэ къыщӏэкӏынщ.» А
псори зэрицӏыхум Алисэ ин ирихъут («телъхьэлӏ» жыхуаӏэр ищӏэу
мащӏэт абы и ныбжьым ит пщащэу къэбгъуэтыфынур). Тӏои-щэи
къытригэзэжурэ жиӏащ абы: «телъхьэлӏ». Пэжу жыпӏэмэ, абыхэм
«хабзэ телъхьэлӏ» псалъэр нэхъ къайзэгът икӏи нэхъ тэмэмт.
Хабзэ телъхьэлӏхэм пхъуэбгъу кӏапэ цӏыкӏу яӏыгъэхэм зыгуэр
гузавэу тратхэт. «Сыт абыхэм яуцӏэрэхъыр?» щэхуу еупщӏащ
Алисэ Аслъэн-Бгъэжьым. «Хьэкумэр иджыри щӏидзакъым…»
«Езыхэм я цӏэхэр тратхэ пхъуэбгъум,» щэхуу жэуап къитыжащ
Аслъэн-Бгъэжьым. «Мэшынэ хьэкумэр икӏэм нэсыхукӏэ я цӏэр
ящыгъупщэжыну.»
«Сыту ныкъуэделэхэ!» псоми зэхаху зэгуэпурэ жиӏащ Алисэ.
Асыхьэту Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьыр абы къыпэджэжащ: «Щэхуу!
Хьэкумэщым щӏэсхэм ӏэдэб зыхэвгъэлъыну сыныволъэӏу.» Пщы-
Уэлийм нэгъуджэ зыӏуилъхьэри къиплъыхьащ пэшыр: макъыр
къыздиӏукӏыр къищӏэну хуейуэ къыщӏэкӏынт. Алисэ зиущэху -
жьащ.
Пщащэм здэщысым илъагъут хабзэ телъхьэлӏхэм я пхъэбгъу
кӏапэхэм «Сыту ныкъуэделэхэ!» жэуэ зэрыратхэр. Зы телъхьэ -
лӏым «ныкъуэделэ» псалъэр зэратхыр ищӏэтэкъыми адрейм
зыхуигъазэри еупщӏащ. «Си нэгу къыщӏызогъыхьэ абыхэм
зэхатхыхьынур хьэкумыр икӏэм нэсыхукӏэ!» егупсысащ Алисэ.
Зы телъэхьэлӏым и къабзийр зэпымыууэ кӏыргът. Абы и макъыр
Алисэ хуэмышэчыжу телъхьэлӏым и щӏыбкӏэ къыдыхьэри (ар
Былэ цӏыкӏут), мобы къэхъуар къыгурымыӏуэурэ, къыӏэщӏичащ.
Былэ къабзийм лъыхъуэ, лъыхъуэри, щимыгъуэтыжым ӏэхъуам -
бэкӏэ тхэну хуежьащ, ауэ ар щхьэпакъым—ӏэхъуамбэм лъэужь
къигъанэтэкъым пхъубгъу кӏапэм и гущӏыӏум.
«Гъуоу, къеджэ къуэншагъэу телъым!» жиӏащ Пщы-Уэлийм.
113