Page 142 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 142

АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР


           А чэнджэщыр Пыӏэщӏым ауэми къыщхьэпакъым: нэхъри къэ -
         шынэри, Уэлий-Гуащэм еплъурэ, мо къэгужьеям хьэтыкъым
         ипӏэкӏэ фалэм къыгуишхыкӏащ.
           Мис абдежым Алисэ зыгуэрурэ хъуащ. Къыщыщӏыр зэуэ къы -
         гурыӏуакъым, ауэ итӏанэ и щхьэм нэсащ аргуэру зэры хэхъуэр. Зэ
         щхьэкӏэ къыщылъэту унэм къыщӏэжыну мурад ищӏащ, ауэ
         егупсысыжри унафэ ищӏащ ӏэуэлъэуапӏэ хурикъухукӏэ зимы -
         гъэхъеину.
           «Ей, зыкъыстумыгъащӏэ хъунумэ!» къэгузэващ къыбгъэдэс
         Жеинэр. «Ерагъыу жьы сошэ.»
           «Зыкӏи, мыгъуэ, сыпщхьэпэфынукъм,» зигъэкъуэншэжурэ
         жиӏащ Алисэ. «Сыхохъуэ!»
           «Хьэкумэщым  и деж уэ ухэхъуэну хуитыныгъэ лъэпкъ
         уиӏэкъым,» жиӏащ Жеинэм.
           «Делагъэ!» къэдыхьэшхащ и инагъым къэру къезыта Алисэ.
         «Фэри фщӏэну фыхуеймэ, фыхохъуэ.»
           «Дэ дымыгузавэурэ ди ныбжьым елъы тау рэ дыхохъуэ,» жиӏащ
         Жеинэм, «емыкӏу зымыщӏэхэр хомыбжэмэ.
         Апхуэдэу ухэхъуэныр напэншагъэщ!» Жеи -
         нэм зигъэгусэ, къэтэджри адрей пешыкӏэм
         етӏысэхащ.
           Апщӏондэхункӏэ Уэлий-Гуа щэм и
         нэр къытримыхыу Пыӏэ щӏым
         еплъащ, Жеинэр иджы ри тӏы -
         сатэкъым, абы и нэжь гъыр зэ -
         хиукӏэу унафэ щищӏам: «Мыдэ
         къэфхьт иужьырей уадэла къэм
         хэта хэм я цӏэр зэрыт тхы -
         лъыр.» Хьэдафэ къызтеуа Пыӏэ -
         щӏыр апхудизу къэкӏэзызати и ва -
         къэхэр къыщыцӏэфтащ.
           «Жэуапыр ты,» губжьы -
         жауэ жиӏащ Пщы-Уэлийм,
         «мыхъумэ иджыпступцӏэ


         116
   137   138   139   140   141   142   143   144   145   146   147