Page 147 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 147

XII E ДЗЫГЪУЭ




                     Алисэм и Щыхьэт






                       ис!» къэгуоуащ Алисэ. Абы дакъикъэ зытӏущ блэкӏам
           «Мфӏыуэ зэрыхэхъуар щыгъупщэжри, гузэвэгъуэм хэту
             къыщыщылъэтым, и кӏэпхыныр хабзэ телъхьэлӏхэм я тетӏыс -
             хьэпӏэм фӏэнэри, ахэр псори зэбгырыщэщащ. Телъхьэлӏхэр
             щылът псым бдзэжьей къыхадзам ещхьу: я нэхэр къикӏауэ, я
             жьэхэр яукъыу… Абыхэм Алисэ игу къагъэкӏыжащ тхьэмахуэкӏэ
             узэӏэбэкӏыжмэ абдж унэ зэхикъутам къихуа бдзэжьей цӏыкӏухэр.
               «Кхъыӏэ, къысхуэвгъэгъу,» жиӏэри Алисэ, хуежьащ телъхьэлӏхэр
             къызэхуихьэсыжурэ щхьэж и тӏысыпӏэм игъэтӏысхьэжын. Абдж
             унэм къихуа бдзэжьейхэр и щхьэм икӏтэкъым абы. Телъхьэлӏхэр
             псынщӏэу къызэхуихьэсыжу тетӏысхьэпӏэм имыгъэтӏысыжмэ ахэр
             лӏэн хуэдэу къыфӏэщӏт.
               «Хабзэ телъхьэхэм я щысыпӏэр яубыдыжмэщ хьэкумым и лэ -
             жьыгъэр щыпидзэжынур,» жиӏащ ткӏийуэ Пщы-Уэлийм. «Иджы -
             ри зэ къытызогъэзэж,» зэпишу жиӏащ аргуэру Пщы-Уэлийм
             Алисэ и нэр къытримыхыурэ. «Псоми я щысыпӏэр яубыдыжмэ!
             Тызогъэзэжри, тызогъэчыныхь: Псоми, зы къэмынэу!»
               Алисэ хабзэ телъхьэлӏхэ зэхуихьэсыжахэм щахэплъэм къилъэ -
             гъуащ тхьэр зэбга шындырхъуо Былэ тхьэмышкӏэр щхьэкӏэ

                                                                     121
   142   143   144   145   146   147   148   149   150   151   152