Page 146 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 146
АЛИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭЩӀЫМ ЗЭРЫЩЫӀАР
Псоми зырадзащ Жэинэм. Хьэрвэрыр зэхэкӏыжу щхьэж ипӏэ
итӏысхьэжа нэужь Фыз Пщэфӏакӏуэм зигъэбзэхыжауэ къыщӏэ -
кӏащ.
«Дэгъуэ дыдэщ!» гу псынщӏэ хъуауэ жиӏащ Пщы-Уэлийм.
«Къевджэ къыкӏэлъыкӏуэ щыхьэтыр!» Пщы-Уэлийм Уэлий-Гуа -
щэм зыхуигъазэри, щэхуу жриӏащ: «Адэкӏэ уэ я хьэкумэр щӏэ, си
дуней нэху. Сэ си щхьэр уназэри щхьэуназэ сыхъуащ.»
Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьым иӏыгъ тхылъыр игъэщхъыщхъащ.
«Хэту пӏэрэ иджы щыхьэту ираджэнур,» егупсысащ Алисэ. «Зы
къуаншагъэ къыхуэгъуэтакъым Дыщэ Щауэм». Алисэ и фӏэщ
хъуакъым Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьыр гум хэпыджэ и макъ
псыгъуэмкӏэ къыщыгуоум: «Алисэ!»
120