Page 145 - alice-kbd_text.qxp_9781904808169_text
P. 145

X Э Т Х Ь Э Л Ы ГЪ УА Н Э Р З Ы Д Ы ГЪ УА Р?


























               Щыхьэтыр мы зэм Фыз Пщэфӏакӏуэрат. Ар хьэкум здащӏ
             пэшым иджыри къыщӏыхьатэкъым—бжэм и гъунэгъуу щысхэр
             къепсын щыщӏадзам. Алисэ занщӏэу къыгурыӏуащ къыщӏы -
             хьэныр зищӏысыр.
               «Къыдэт жэуапхэр,» жиӏащ Пщы-Уэлийм.
               «Фэстынукъым,» иувыкӏащ Фыз Пщэфӏакӏуэр.
               Пщы-Уэлийр Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьым щабэу игъэтэрызыжащ.
             «Зиусхьэн, ар зэӏэпыдз упщӏэ хэдзэм хэдгъэплъэн хуейщ,» щэхуу
             жиӏащ Тхьэкӏумэкӏыхь Хужьым.
               «Атӏэ, зэӏэпыдзмэ зэӏэпыдзщ,» къэпэпщащ Пщы-Уэлийр хъы -
             жьэрыплъэфэ къызытригъауэри: и ӏэхэр и бгъэм деж зэридзэри,
             и набжьэр зэхуиукӏэри… (И нэ лъэныкъуэр щыщӏиӏуантӏэм
             Алисэ ӏей дыдэу къэшынащ.) Икӏэм икӏэжым, Пщы-Уэлийм
             тэмакъ зэв итхъунщӏыкӏакӏэ къэӏуащ: «Сыт хьэлыгъуанэр къыз -
             хащӏыкӏыр?»
               «Шыбжийщ,» жыуап къыритыжащ абы Фыз Пщэфӏакӏуэм.
               «Фоупсым,» женыбащхъуэ макъ къыщхьэщыӏукӏащ пэшым
             щӏэс гуэрым.
               «Къэвубыд мо Жеинэр,» пхъэдэкъэжьым хуэдэу къэлыбри
             гъуэхъуащ Уэлий-Гуащэр. «И щхьэр пывгъэлъэт! Хэвгъэщӏ!
             Фепӏэскӏу! И пащӏэр къытефч!»

                                                                     119
   140   141   142   143   144   145   146   147   148   149   150